13 Мэссихь ишэча гугъуехьхэмкӀэ Ӏыхьэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ фыгуфӀэ, Мэссихь щӀыхьышхуэ иӀэу къыщылъэгъуэну махуэм гуфӀэгъуэшхуэ фиӀэнущи.
Тхьэм дызэрибыным щхьэкӀэ Тхьэм и бынхэм ӀыхьэфӀу къалъысыр дэри къытлъигъэсынущ. А ӀыхьэфӀу Тхьэм Мэссихь къылъигъэсар Мэссихь щӀыгъуу дэри къытлъигъэсынущ. Мэссихь дыщӀыгъуу дэри гугъуехь тшэчмэ, Мэссихь дыщӀыгъуу дэри Тхьэм щӀыхьышхуэ диӀэ ищӀынущи.
Абы и закъуэкъым: дэ тшэч гузэвэгъуэхэми дащогуфӀыкӀ, гузэвэгъуэ шэчыным теубагъэ къызэрыхэкӀыр дощӀэри.
Мэссихь зыхуэдэр зэзгъэщӀэну сыхуейщ, ар лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам къыхэкӀ лъэкӀыныгъэр зыхуэдэри зэзгъэщӀэну сыхуейщ. Мэссихь ишэча гугъуехьхэм си Ӏыхьэр яхэлъыну, ар щылӀэм зэрыщытам хуэдэу, сэри сыхъуну сыхуейщ.
Куэду дыфщогугъ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ тшэч гугъуехьхэм фэ фи Ӏыхьи зэрыхэлъым хуэдэу, Тхьэм дигу зэригъэзагъэм хуэдэу, фэри фигу зэригъэзэгъэнур дощӀэри.
НэфӀ щыхуэныгъэ псори зиӀэ Тхьэм езым и щӀыхьышхуэу мыкӀуэдыжынумкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуриджащ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ. Зы мащӀэкӀэ гугъуехь фшэча нэужь, езы Тхьэм фыкъызэфӀигъэувэжынущ, фигухэр игъэбыдэнурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкӀуэтыжу быдэу фытригъэтынущ.
Ди пкъым хэлъу, Зиусхьэн Хьисэ и лӀэныгъэр къетхьэкӀ зэпытщ, Хьисэ и гъащӀэр нахуэу ди пкъым къыхэщын щхьэкӀэ.
ТеубыдагъэкӀэ гугъуехь тшэчмэ, абы дригъусэу тепщэныгъэ диӀэнущ. «Абы и гъуэгу ирикӀуэхэм дащыщкъым», жытӀэмэ, езыми «Ахэр си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщкъым», къытхужиӀэнущ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы гузэвэгъуэ мащӀэу икӀи кӀэщӀу дызыхэтым фӀыуэ къыпэкӀуэр гузэвэгъуэу дызыхэтым хуумыгъэдэфыну мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр арщ.
Апхуэдэу щыхъум, цӀыхухэр абыхэм Хьисэ и цӀэкӀэ къекъуэншэкӀыну Тхьэм къазэрыхуигъэхуэфэщамкӀэ гуфӀэу, апостолхэр Тхьэмадэ Хасэшхуэ унэм къыщӀэкӀыжащ.
Сэ, Иуану фи къуэшыр, Хьисэ ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ гузэвэгъуэу фызыхэтым сыщывигъусэщ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм сывигъусэуи сыщӀэтщ, сывигъусэуи теубыдагъэ сиӀэу сопсэу. Тхьэм и псалъэхэмрэ Хьисэ Мэссихь и щыхьэтыгъэмрэ цӀыхухэр зэрезгъэдаӀуэм щхьэкӀэ, Патмос хытӀыгум сагъэкӀуауэ сыщыӀащ.
Члисэ зэхуэсым и нэхъыжь къыфхэтхэм сыныволъэӀу. Сэри члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ. Мэссихь ишэча гугъуехьхэм сращыхьэтщ, Мэссихь и щӀыхьышхуэ къэкӀуэнумкӀи Ӏыхьэ сиӀэнущ. СызэрынывэлъэӀур мыращ:
Иджы, сэ си фӀагъ фэ фэзгъэкӀын щхьэкӀэ, гугъуехь сыхэтми, согуфӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь и пкъ, члисэ зэхуэсым, си фӀагъ езгъэкӀын папщӀэ, сэ сшэчын хуейуэ Мэссихь схухиха гузэвэгъуэхэр иджы сипкъкӀэ сшэчурэ и кӀэм нызогъэс.
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, и мелыӀычхэр щӀыгъуу, и Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ иӀэу къэкӀуэжынущ. Хэти ищӀам хуэфащэ иригъэгъуэтыжынущ абы щыгъуэ.
Фытхъэ, хуабжьу фыгуфӀэ, Тхьэм уафэм ӀыхьэфӀу къыщыфхуигъэфэщэнур инщи. Фэ фяпэкӀэ бегъымбархэми гугъуехь ирагъэшэчу щытащ апхуэдэу.
Аращи, фи цей къуакӀэ дэупщӀауэ, фигукӀэ хьэзыру фыщыт. ЗышыӀэныгъэ зивгъэӀэ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм Тхьэм и нэфӀыр къызэрыфщыхуэным куэду фыщыгугъыурэ фыпэплъэ.
Паулрэ Силэрэ Тхьэм елъэӀуурэ, тхьэщӀыхь уэрэдхэр жаӀэу щӀадзащ жэщ ныкъуэм. Лъэхъуэщым щӀэс адрей цӀыхухэри къедаӀуэрт.
– Пащтыхьым и ижьырабгъумкӀэ щытхэм яжриӀэнущ абы щыгъуэ: «Фэ, си Адэм и нэфӀ зыщыхуахэр, фыкъакӀуи, Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ къыфхуигъэхьэзыра тепщэныгъэр фи ӀыхьэфӀу къыфлъосри фубыд.
– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм щӀыхьышхуэ иӀэу, и мелыӀыч псори и гъусэу дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ и тахътэм тетӀысхьэнущ.
– Тепщэм абы жриӀащ: «ФӀыуэ пщӀащ. Уэ сызыщыгугъ хъун уунэӀутыфӀщ. Ӏуэху мащӀэкӀэ сызыщыгугъ хъун цӀыхуу узэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху куэд ныпӀэщӀэслъхьэнущ. КъакӀуи, уи тепщэм и гуфӀэгъуэм къыхыхьэ».
– Тепщэм абы жриӀащ: «ФӀыуэ пщӀащ. Уэ сызыщыгугъ хъун уунэӀутыфӀщ! Ӏуэху мащӀэкӀэ сызыщыгугъ хъун цӀыхуу узэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху куэд ныпӀэщӀэслъхьэнущ. КъакӀуи, уи тепщэм и гуфӀэгъуэм къыхыхьэ».
ФыкъэдаӀуэ, уафэпшэхэм хэту къэкӀуэжынущ ар, нэ псоми ар ялъагъунущ, и джабэр бжыкӀэ зугъуэнахэми ар ялъагъунущ. Дунейм тет лъэпкъ псори абы щхьэкӀэ гъыурэ, я бгъэгухэм еуэжынущ. Аращ зэрыхъунур. Ӏэмин.
– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщылъэгъуэжыну махуэм дежи Ӏуэхухэр апхуэдабзэу щытынущ.
Иджырей цӀыхуу Тхьэр зымыщӀэу гуэныхь зыщӀэхэм ящыщу сэрэ си псалъэхэмрэ къыттеукӀытыхь дэтхэнэми сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, абы сытеукӀытыхьыжынущ. МелыӀыч лъапӀэхэр си гъусэу, си Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ сиӀэу сыкъыщыкӀуэжкӀэ, сытеукӀытыхьыжынущ абы.
Мы зэманым тшэч гугъуехьхэр щӀыхьышхуэу Тхьэм иджыри къэс цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ диӀэ ищӀынум хуэбгъадэ зэрымыхъунум шэч къытесхьэркъым.
Мэссихь ишэча гугъуехьхэм ди Ӏыхьи куэду зэрыхэлъым хуэдэу, Мэссихь ди псэм щыщщи, Тхьэм дигу икъукӀэ егъэзагъэ.
Апхуэдэу фыпсэуну Тхьэм фыкъыхуриджащ, Мэссихьи фэр щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ, и лъэужьым фрикӀуэн папщӀэ, щӀапхъэхэр фигъэлъэгъуащи.
И гъуэгум фытекӀыным Тхьэм фыщихъумэн лъэкӀынущ, лажьи фимыӀэу, гуфӀэгъуэшхуи фиӀэу, езы щӀыхьышхуэ ЗиӀэм и пащхьэм фригъэувэн лъэкӀынущ.