Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Петр 4:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Аращи, Мэссихь и пкъымкӀэ гугъуехь зэришэчам щхьэкӀэ фэри абы и гупсысэкӀэкӀэ фигу вгъэбыдэн хуейщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зипкъкӀэ гугъуехь зышэчар гуэныхь Ӏуэху хэтыжкъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Петр 4:1
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Мэссихь зи псэм щыщ цӀыхухэм я гуэныхьыщӀэ щэныжьри, фӀыуэ ялъэгъуа бзаджагъэхэри, я хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, зыщӀэхъуэпса Ӏейхэри жорым ираӀулӀащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Тхьэм дыбгъэдишэн щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэм папщӀэ гугъуехь зэ ишэчащ, абыхэм папщӀэ афӀэкӀа имышэчыжыну. Щыпкъагъэ игу илъу, щыпкъагъэ зигу имылъхэм щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ абы. ЦӀыхухэм щалӀым, лӀэн хуей цӀыхут ар. Тхьэм ар лӀахэм къащыхигъэтэджыкӀыжым, мылӀэжын щыт псэуэ щытт.


Мэссихь Хьисэу ди Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, фэри гуэныхь щӀэным и Ӏуэху къыфхэмылъыжу, гуэныхь щӀэным дежкӀэ фылӀауэ икӀи Тхьэм фыхуэпсэууэ зыфлъытэж.


Аращи, иджы псэур сэракъым, атӀэ си псэм щыщ Мэссихьыр арщ. Мы дунейм щызиӀэ гъащӀэр Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ си гум илъу сиӀэщ. Абы фӀыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкӀэ итащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхур лӀамэ, гуэныхь щӀэным и ӀэмыщӀэ икӀыжащ.


Аращи, Тхьэм и Ӏэщэ-фащэхэр къафщтэ, махуаер къыщыскӀэ, гъуэгум фыкъыщимыкӀуэтыжын икӀи псоми фатекӀуэу фи лъэ быдэкӀэ абы фытетын щхьэкӀэ.


Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Гуэныхь щӀэным и Ӏуэху къытхэмылъыжу, гуэныхь щӀэным дежкӀэ цӀыху лӀахэм дахуэдэщ. Абы щыгъуэ гуэныхь тщӀэ зэпыту дыпсэуфыну?


Фемышын икӀи фи гур фымыгъэныкъуэн щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь фегупсыс. Езыр жагъуэу зылъагъу гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм сыту гугъуехьышхуэ ирагъэшэча!


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, хэту щытми, Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэм и Ӏуэхур иухауэ зегъэпсэхуж, Тхьэм и Ӏуэхухэр иухыу, гупсэхугъуэм зэрыхэтам хуэдэу.


Апхуэдэу фыпсэуну Тхьэм фыкъыхуриджащ, Мэссихьи фэр щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ, и лъэужьым фрикӀуэн папщӀэ, щӀапхъэхэр фигъэлъэгъуащи.


Хьисэ зи Ӏэ гъуа лӀым жриӀащ: – Къэтэджи, мы утыкум къиувэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ