Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Петр 3:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 Бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ фыпемыгъуэкӀ, къыфщӀэнакӀэм фыщӀэмынэкӀэж. Абы и пӀэкӀэ, «Тхьэм и нэфӀыр къыфщрехуэ», яжефӀэ; и бынхэм ящыщ фыхъуну Тхьэм фыкъыщӀыхуриджар абы и нэфӀыр къызэрыфщыхуэнур фэ ӀыхьэфӀу къыфлъысыну арщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Петр 3:9
26 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Зыгуэрым и бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ фыпэмыувыж. ЦӀыху псоми фӀыуэ ялъытэр зэрыфщӀэным и ужь фит.


Гугъуехь фэзыгъэшэчхэм Тхьэм и нэфӀыр къащыхуэну фахуелъэӀу. Тхьэм и нэфӀыр къащыхуэну фахуелъэӀу, ахъумэ фемыбг.


Зыгуэрым и бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ премыувыж хэти. Ауэ фэ фӀы зэрызэхуэфщӀэным фыхущӀэкъу, цӀыху псоми фӀы зэрахуэфщӀэнми сыт щыгъуи и ужь фит.


Ауэ сэ нывжызоӀэ, фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, гугъуехь фэзыгъэшэч цӀыхухэм Тхьэм фӀыкӀэ фахуелъэӀу,


Зыр зым фӀыуэ хущрет, гущӀэгъу зэхуэфщӀ икӀи зым адрейм хуэвгъэгъу, Мэссихь и хьэтыркӀэ Тхьэм фэ къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу.


ауэ сэ нывжызоӀэ, цӀыху бзаджэм фыпэмыув. АтӀэ уи нэкӀу ижьым къеуэ дэтхэнэми, адрей уи нэкӀури хуэгъазэ.


НэфӀ щыхуэныгъэ псори зиӀэ Тхьэм езым и щӀыхьышхуэу мыкӀуэдыжынумкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуриджащ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ. Зы мащӀэкӀэ гугъуехь фшэча нэужь, езы Тхьэм фыкъызэфӀигъэувэжынущ, фигухэр игъэбыдэнурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкӀуэтыжу быдэу фытригъэтынущ.


Тхьэр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэу, езым и мурадым тету и бын хъуну къыхуриджахэм Ӏуэху псом я фӀагъ Тхьэм къазэрыригъэкӀыр дощӀэ.


– Пащтыхьым и ижьырабгъумкӀэ щытхэм яжриӀэнущ абы щыгъуэ: «Фэ, си Адэм и нэфӀ зыщыхуахэр, фыкъакӀуи, Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ къыфхуигъэхьэзыра тепщэныгъэр фи ӀыхьэфӀу къыфлъосри фубыд.


«ИпэжыпӀэкӀэ си нэфӀ къыпщыхуэнущ, бын куэди къыптезгъэхъукӀынущ».


Хьисэ пашэ гуэр къеупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэфӀ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ ӀыхьэфӀ къыслъысын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?


Торэт егъэджакӀуэ пашэ гуэр къэтэджри, Хьисэ игъэунэхун щхьэкӀэ, жиӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэр ӀыхьэфӀу къыслъысын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?


ИкӀи е и унэхэр, е и къуэшхэр, е и шыпхъухэр, е и адэ, е и анэ, е и бынхэр, е и щӀапӀэр сэр щхьэкӀэ къэзыбгына дэтхэнэми хуэдищэ игъуэтыжынущ икӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ ӀыхьэфӀу къылъысынущ.


Тхьэм игъэува цӀыхухэр и бын хъунуи къыхуриджащ. Къриджахэми щыпкъагъэ яӀэу илъытащ. Езым щыпкъагъэ зиӀэу илъытахэми щӀыхьышхуэ яӀэ ищӀащ.


Хьисэ гъуэгум щытехьэжым, лӀы гуэр къыбгъэдэлъадэщ, абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, къеупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэфӀ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ ӀыхьэфӀ къыслъысын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?


АдэкӀэ унафэ ищӀащ Исуф абыхэм я къэпхэм гъавэр из хуащӀыну, щхьэж и дыжьынри къэпхэм хуралъхьэжыну, гъуэмылэ куэди иратыну. Апхуэдэуи хуащӀащ абыхэм.


Мэссихь ди щхьэхэр къыщӀищэхужар Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъа нэфӀ щыхуэныгъэр езы Мэссихь Хьисэ хамэ лъэпкъхэми ялъигъэсын папщӀэщ. Апхуэдэ щыхъукӀэ дэ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм дызэригъэгугъа и Псэ ЛъапӀэр дигухэм къарилъхьэнущ.


ИтӀанэ, зэрыфщӀэщи, Тхьэм и нэфӀ зыщигъэхуэн щхьэкӀэ, Эсау и адэр Тхьэм иригъэлъэӀуну хуеящ, ауэ и адэм хуидакъым. Эсау гъыурэ и адэм елъэӀуа пэтми, ар и псалъэм тригъэкӀыфакъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ