8 ИкӀэм-икӀэжым, зэнэзэпсэу фызэдэпсэу. Зыр зым хуэгумащӀэу, къуэшыгъэ фяку дэлъу, фӀыуэ фызэрылъагъуу, гущӀэгъу фиӀэу, пагагъэ фи гум имылъу фыщыт.
Зэшхэм хуэдэу, фӀыуэ фызэрылъагъу; фи щхьэр зэрыфлъытэм нэхърэ, адрейхэр нэхъыфӀэу флъытэ.
Щыпкъагъэм фызэредэӀуам щхьэкӀэ фи гур къабзэ хъуащ. Фи къуэшхэр, пцӀы хэмылъу, фӀыуэ фолъагъу. Гу къабзагъэкӀэ фӀыуэ фызэрылъагъу зэпыт,
Сыт хуэдэ гужьгъэжьри, къызэщӀэплъэнри, губжьынри, кӀий-гуоунри, цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьынри, сыт хуэдэ бзаджагъэри зыхэвныж.
Ауэ уафэм къикӀ акъылыфӀагъэр, япэрауэ къабзэщ, итӀанэ зэкӀужыныгъэ хэлъщ, гущабэщ, ӀурыщӀэщ, гущӀэгъу хэлъ зэпытщ, фӀы ищӀэ зэпытщ, захуэщ, гъэпцӀагъи хэлъкъым.
Фымыпагэ, гущабагъэри шыӀэныгъэри фи гум ивгъэлъ, фӀылъагъуныгъэкӀэ зым зыр ирешыӀэ.
Фэ, гукъабзагъэ зиӀэ Тхьэм къыхиха цӀыхухэм, абы фӀыуэ илъагъухэм, гущӀэгъунри, фӀыгъуэри, мыпэгэнри, гущабагъэри, шыӀэныгъэри фи гум ивгъэлъ.
Аращи, пкъым щыщ пкъыгъуэ гуэр гугъу ехьмэ, ар пкъым щыщ пкъыгъуэ псоми дашэч. Апхуэдэу, пкъым щыщ пкъыгъуэ гуэрым пщӀэ игъуэтмэ, абы а пкъым щыщ пкъыгъуэ псори догуфӀэ.
Сэ уэ гущӀэгъу зэрыпхуэсщӀам хуэдэу, уэри адрей унэӀутым гущӀэгъу хуэпщӀын хуеякъэ?»
Ди къуэшхэр фӀыуэ зэрытлъагъум щхьэкӀэ лӀэныгъэм дыӀэщӀэкӀыу гъащӀэм дызэрыхыхьар дощӀэ. Зи къуэшыр фӀыуэ зымылъагъур лӀэныгъэм ӀэщӀэлъщ.
Си къуэшхэ, фызэгурыӀуэну, гуп-гуп фызэрымыгъэхъуу, зэнэ-зэпсэу фыщытыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ сыныволъэӀу.
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори ягурэ я псэкӀэ зыт. Зыми и мылъкум теухуауэ «Мыр сысейщ» жиӀэртэкъым, атӀэ яӀэ псори я зэхуэдэт.
Фэ, ныбжьыщӀэхэри, нэхъыжьхэм фахуэӀурыщӀэ. Пагагъэ фи гум имылъу фызэхущыт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «Тхьэр поув пагагъэ зи гум илъ цӀыхум, и нэфӀ щохуэ пагагъэ зи гу имылъым».
Зэшхэм хуэдэу, зэпымыууэ фӀыуэ фызэрылъагъуу щрет.
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зэкъуэшыныгъэкӀэ вгъэбагъуэ; зэкъуэшыныгъэр фӀылъагъуныгъэкӀэ вгъэбагъуэ.
ЦӀыху псоми щӀыхь яхуэфщӀ, къуэшхэри фӀыуэ флъагъу, Тхьэми фыщышынэ, пащтыхьми щӀыхь хуэфщӀ.
Уи лъагапӀэм ущыӀэу бгыхэр уогъэнщӀ, Уэ уи ӀэщӀагъэхэм я фӀыгъэкӀэ щӀым зегъэнщӀ.
Теубыдагъэ зиӀэхэр гъуэгу махуэ теувауэ жыдоӀэ. Ӏэиуб бегъымбарым и теубыдагъэм и хъыбарыр зэхэфхащ. ИкӀэм-икӀэжым Зиусхьэным абы фӀы къызэрыригъэгъуэтыжар фощӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным гущӀэгъушхуэ иӀэщ, абы и гур дэ къытщӀогъу.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гум гущӀэгъу имылъым Тхьэм гущӀэгъу къыхуимыщӀу хьэкум къытрищӀыхьынущ. Ауэ гущӀэгъур гъэкъуэншэным нэхърэ нэхъ лъэщщ.
Ауэ дыздынэсам теухуауэ дыгупсысэн икӀи абы тету дыпсэун хуейщ.
Теубыдагъэрэ гушхуэныгъэрэ къыдэзыт Тхьэм, зы гупсысэкӀэ фиӀэу, Мэссихь Хьисэ и гъуэгу фрикӀуэу фрегъэпсэу.
А щӀыпӀэм пэмыжыжьэу, хытӀыгум и тепщэ Публий зи цӀэм щӀышхуэ щиӀэт. Абы дригъэблагъэри, махуищкӀэ хьэщӀагъэшхуэ къыдихащ.
ЕтӀуанэ махуэм Сидон къалэм дыӀухьащ. Иулий и нэфӀыр Паул щыхуэри, Паул и ныбжьэгъуу а къалэм дэсхэм зыхуэныкъуэр къратын щхьэкӀэ, абыхэм я деж кӀуэну ар хуит ищӀащ.
Пэнтэкост махуэшхуэр къыщысым, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори зы щӀыпӀэм щызэхуэсат.
Самарие хэкум щыщ лӀы гуэр, а гъуэгум тетурэ, а лӀым деж нэсащ. Щилъагъум, игу щӀэгъури,
Зыр зым фӀыуэ хущрет, гущӀэгъу зэхуэфщӀ икӀи зым адрейм хуэвгъэгъу, Мэссихь и хьэтыркӀэ Тхьэм фэ къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу.
Зэщыхьэными зыкъыфӀэщӀыжыными къахэкӀауэ зыри фымыщӀэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэр фи щхьэр зэрыфлъытэжым нэхърэ нэхъ ину флъытэ фымыпагэу.