Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Петр 3:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Фэ, лӀыхэм, нывжызоӀэ, фи фызхэм фагурыӀуэу фадэгъуэгурыкӀуэ. Ахэр фэр нэхърэ нэхъ гуащӀэмащӀэщ. ПщӀэ яхуэфщӀ, фэ фхуэдабзэу абыхэми Тхьэм и нэфӀ къащыхуэурэ ӀыхьэфӀу гъащӀэ къаретри. Апхуэдэу фщӀэмэ, Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, зыри къыфпэувыфынукъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Петр 3:7
20 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЛӀыхэ, фэ фщыщ дэтхэнэми и фызыр фӀыуэ илъагъун хуейщ, абыхэм фахуэпхъэшэн хуейкъым.


Аращи, фэ фщыщ дэтхэнэми, езым и щхьэр фӀыуэ зэрилъагъум хуэдэу, и фызри фӀыуэ ирелъагъу. Фызми и лӀым щӀыхь хурещӀ.


ЛӀым фызым хуищӀэн хуейр хурещӀэ, фызми лӀым хуищӀэн хуейр хурещӀэ.


– Иджыри нывжызоӀэ, щӀылъэм тет фщыщ цӀыхуитӀ фызэгурыӀуэрэ сыт ищӀыскӀи фелъэӀумэ, си Адэу уафэм щыӀэм ар къыфхуищӀэнущ.


Абы нэмыщӀуи, Тхьэр зыхуейр езыр зымыщӀэ хамэ лъэпкъхэм ящыщ цӀыхуу, зи гур зинэ мыхъумыщӀэ Ӏуэхухэм щӀэхъуэпсхэм фахуэмыдэу, гукъабзагъэкӀэ, щӀыхь хэлъу, фэ фщыщ дэтхэнэми езым и пкъым тепщэныгъэ хуиӀэну арщ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэр къывдэӀэпыкъуну сыт щыгъуи фелъэӀу, фызыхуэныкъуэхэмкӀи Тхьэм фелъэӀу. Фысакъыу икӀи фемышу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми зэпымыууэ фахуелъэӀу.


А щэхур мыращ: Мэссихь Хьисэ хамэ лъэпкъхэм я псэм щыщ хъууэ хъыбарыфӀыр зэращтам щхьэкӀэ, Тхьэм израил лъэпкъым къалъигъэс ӀыхьэфӀыр абыхэми къалъегъэс; а лъэпкъхэри израилхэм ящӀыгъуу зы пкъым щыщщ, Тхьэм израил лъэпкъыр къызэригъэгугъа ӀуэхуфӀхэм абыхэми я Ӏыхьэ хэлъщ.


Тхьэм дымыкӀуэду дыкъыщӀригъэлар и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ щыпкъагъэ диӀэу дилъытауэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэу дызыщыгугъыурэ дызыпэплъэр ӀыхьэфӀу къытлъигъэсын щхьэкӀэщ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гур хэвмыгъэщӀ. Тхьэм фи щхьэхэр щищэхужыну махуэм нэсыху, езым и Псэ ЛъапӀэр, мыхъурым хуэдэу, фи гум кърилъхьащ.


МелыӀычхэр Тхьэм хуэӀурыщӀэ псэуэ щытщ, мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлынур ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм яхуэӀуэхутхьэбзэщӀэну ахэр Тхьэм къегъакӀуэ.


Фэ, фызхэм, нывжызоӀэ, филӀхэм фахуэӀурыщӀэ. Ар фщӀэмэ, абыхэм ящыщхэр Тхьэм и псалъэхэм емыдаӀуэми, фэ, фызхэм, зыри жывмыӀэми, фи псэукӀэр зэралъагъум щхьэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъунущ,


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ