Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Петр 3:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 Аращ пасэм цӀыхубз лъапӀэу Тхьэм щыгугъахэм зызэрагъэдахэу щыта щӀыкӀэр, ялӀхэми яхуэӀурыщӀэу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Петр 3:5
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Зи закъуэ дыдэу къэна фызабэр Тхьэм щогугъ, Тхьэр къыдэӀэпыкъуну жэщи махуи зэпымыууэ йолъэӀу.


зи фӀыщӀагъэхэмкӀэ цӀыхухэр щыхьэт зыхуэхъу фызабэрщ: псалъэм щхьэкӀэ, бын зыпӀауэ, хьэщӀэхэр зыгъэлъэпӀауэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я лъакъуэхэр яхуэзытхьэщӀауэ, гузэвэгъуэ хэтхэм ядэӀэпыкъуауэ, фӀы щӀэным хэта фызабэрщ.


Ауэ фӀэщхъуныгъэ, фӀылъагъуныгъэ, къабзагъэ и гум зэпымыууэ илъу, хабзэфӀым тету щытмэ, сабий къызэрыхуэхъумкӀэ мыкӀуэду къелынущ цӀыхубзыр.


Иоппие къалэм ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхубз гуэр, Тавифэ и цӀэу, дэст. (Тавифэм къикӀыр «Мэз бжэнщ».) Абы фӀы куэд ищӀэрт, псапэ илэжь зэпытт.


И лӀыр лӀэри, и ныбжьыр илъэс ищӀрэ плӀым нэсыху фызабэу щытащ ар. Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэмыкӀыу, нэщӀ ису, Тхьэ елъэӀуу, жэщи махуи Тхьэм хуэлажьэу щытащ.


Сарэ сабий имыгъуэтыну и ныбжьыр блэкӀауэ щыта пэтми, фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, сабий игъуэтыну Тхьэм къару къритащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къэзыгъэгугъа Тхьэр зэрыщыпкъэр Сарэ ищӀэу щытащи.


атӀэ фӀы щӀэнымкӀэ зрагъэщӀэращӀэ, «Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъщ», жызыӀэ цӀыхубзхэм зэрахуэфащэм хуэдэу.


А псори зэгурыӀуауэ, Тхьэм зэпымыууэ елъэӀурт, цӀыхубз гуэрхэри, Хьисэ и анэ Мэриеми, Хьисэ и къуэшхэри я гъусэу.


Аращи, фэ фщыщ дэтхэнэми, езым и щхьэр фӀыуэ зэрилъагъум хуэдэу, и фызри фӀыуэ ирелъагъу. Фызми и лӀым щӀыхь хурещӀ.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьисэ лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ, Тхьэм гущӀэгъушхуэ къытхуищӀу щӀэрыщӀэу дыкъалъхужа дищӀащ. Апхуэдэу мыкӀуэдыжын гугъапӀэ диӀэ хъуащ,


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ