4 атӀэ цӀыхухэм ямылъагъуу фи гум илъу, гущабагъэмрэ гузэгъэгъуэмрэ къыхэкӀ дахагъэ мыкӀуэдыжырауэ ирехъу дахэ фызыщӀыр. Тхьэм дежкӀэ абы уасэшхуэ иӀэщ.
Фэ, гукъабзагъэ зиӀэ Тхьэм къыхиха цӀыхухэм, абы фӀыуэ илъагъухэм, гущӀэгъунри, фӀыгъуэри, мыпэгэнри, гущабагъэри, шыӀэныгъэри фи гум ивгъэлъ.
Журт пэжу щытыр зигукӀэ журту щытыр арщ. Сунэт пэжу щытыр сунэту гум илъыр арщ. Ар къызыхэкӀыр тхар аракъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ. Апхуэдэ цӀыхум и щӀыхьыр цӀыхум деж къикӀыркъым, атӀэ Тхьэм дежщ къыздикӀыр.
Си бжьыр зытефлъхьэ, жысӀэр зэвгъащӀэ, сэ сигур щабэщ икӀи пагагъэ схэлъкъыми. ПсэмкӀэ гузэгъэгъуэ вгъуэтынущ итӀанэ;
Абы нэмыщӀу, ягу къэгъэкӀыж ӀейкӀэ зыми темыпсэлъыхьын, шхыдэрейуэ щымытын, Ӏэсагъэрэ гущабагъэкӀэ адрей цӀыхухэм яхущытын зэрыхуейри.
Уэ, фарисей нэф! Фалъэмрэ лагъэмрэ я кӀуэцӀыр гъэкъабзэ япэщӀыкӀэ, я щӀыфэри къабзэ хъунущ итӀанэ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сигукӀэ Тхьэм и хабзэм сыщогуфӀыкӀ,
Аращи, ди гур дгъэкӀуэдыркъым. Ди пкъыр кӀуэд зэпытми, Тхьэм махуэ къэси ди гум илъыр къызэрехъуэкӀ зэпытщ.
Ӏэсэу фыщыт, нэгъуэщӀ цӀыхухэм я Ӏуэхум фи Ӏуэху хэвмылъхьэу, фи ӀэхэмкӀэ фылажьэу фызэрыпсэуным фыщӀэкъу, унафэ зэрыфхуэтщӀам хуэдэу.
Фымыпагэ, гущабагъэри шыӀэныгъэри фи гум ивгъэлъ, фӀылъагъуныгъэкӀэ зым зыр ирешыӀэ.
Зиусхьэну Тхьэр фигукӀэ вгъэлъапӀэ. Фи гугъапӀэмкӀэ хэт къывэупщӀми, Ӏэдэбу, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фигу зэрилъымкӀэ жэуап ефтыжыну сыт щыгъуи хьэзыру фыщыт.
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу, гукъабзагъэкӀэ, мамыру икӀи дигу зэгъауэ дыпсэуфын щхьэкӀэ, пащтыхьхэмрэ тепщэныгъэ зиӀэхэмрэ Тхьэм фахуелъэӀу.
Акъылыншэхэ! ЩӀыфэр къэзыгъэщӀа Тхьэм кӀуэцӀри къигъэщӀакъэ?
Си псэр ядыхомых гуэныхьыщӀэхэм, лъым щӀэнэцӀхэм садомыгъэкӀуэд –
Аращи, гу фӀеигъэу къыфхэна псори, бзаджагъэ псори зыхэвн. Тхьэм фигухэм кърилъхьа псалъэу фи псэхэр мыкӀуэду къезыгъэлын зылъэкӀынухэр гу щабагъэкӀэ фубыд.
Езым къыпэувхэм гущабагъэкӀэ ягуригъэӀуэн хуейщ. Щыпкъагъэр ящӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм ахэри щӀригъэгъуэжынкӀи хъунущ.
Апхуэдэ цӀыхухэр Ӏэсэу лажьэурэ, езыхэм я щӀакхъуэ бзыгъэ яшхыжын щхьэкӀэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ унафэ яхудощӀ икӀи долъэӀу.
Гъуэгу махуэ теуващ зигу пагагъэ имылъхэр, абыхэм ӀыхьэфӀу къалъысынур щӀылъэращи.
Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэныр и цӀыху лъэпкъым къыхуогуфӀэ, пагагъэ зигу имылъхэм текӀуэныгъэр къарегъэхь.
Тыкъыр-тыкъыру уэр кърепхъых; Абы къищӀ щӀыӀэр хэт зыхуэшэчынур?
Ди щэныжьыр бзаджэр Мэссихь щӀыгъуу жорым зэрыраӀулӀар дощӀэ, ди гум илъ гуэныхьым и лъэкӀыныгъэр кӀуэдын щхьэкӀэ. Гуэныхь лэжьыным дрипщылӀыжынукъым дэ афӀэкӀа.
Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Фэ цӀыхухэм я пащхьэм щыпкъагъэ фигу илъ хуэдэу фэ зыщытывогъауэ, ауэ фэ фи гум илъыр Тхьэм ещӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм ягъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр Тхьэм дежкӀэ пуд дыдэщ.
УзэкӀуэдылӀэн псалъэу щыӀэхэр уэ уи щӀасэщ, уэ бзэгу хьилэщ.
щӀэрыщӀэу фыкъалъхужащи. ЩӀэрыщӀэу фыкъызэралъхужар кӀуэдыжыну жылэкъым, атӀэ мыкӀуэдыжын жылэщ. А жылэр гъащӀэ къызыхэкӀыу, Тхьэм и псалъэу игъащӀэкӀэ зызымыхъуэжынуращ.
Фэ фылӀащ, фи гъащӀэ пэжри мыкӀуэду, Тхьэр здэщыӀэ уафэм Мэссихь къыщыфхуегъэнэж.
гущабагъэр, зышыӀэныгъэр. Мы Ӏуэхухэм къапэув хабзэ щыӀэкъым.
уигу къэгъэкӀыж Зиусхьэным тхьэлъану хуищӀар, Екъуб и Тхьэ лъэщым псалъэ зэрыритар;
ЗэрыжыфӀэмкӀэ сэ, Паул, фи пащхьэм сит щыхъукӀэ, сошынэ, ауэ сыфпэжыжьэ щыхъукӀэ, согушхуэ – сэ Мэссихь и гущабагъэрэ и ӀэсагъэкӀэ сыныволъэӀу.
«Сион къалэу пхъум хуэдэм жефӀэ: Мис, гущабагъэ иӀэу, шыдым тесу уи пащтыхьыр къыпхуокӀуэ; ар зытесыр шыдыбзым и шыд шыщӀэрщ».
ЦӀыхухэм щӀыхьышхуэ зиӀэ Тхьэуэ мыкӀуэдыжынур ямыгъэлъапӀэу щытащ. Тхьэм хуагъадэу, езыхэм я ӀэкӀэ ящӀа тхьэ нэпцӀхэр Тхьэм и пӀэкӀэ ягъэлъэпӀащ цӀыхухэм. А тхьэ нэпцӀхэр къуалэбзухэм, лъакъуиплӀкӀэ зекӀуэхэм, ныбэгукӀэ къэзыпщхьхэм яхуэдэу щытащ.