Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Петр 3:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Тхьэм дыбгъэдишэн щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэм папщӀэ гугъуехь зэ ишэчащ, абыхэм папщӀэ афӀэкӀа имышэчыжыну. Щыпкъагъэ игу илъу, щыпкъагъэ зигу имылъхэм щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ абы. ЦӀыхухэм щалӀым, лӀэн хуей цӀыхут ар. Тхьэм ар лӀахэм къащыхигъэтэджыкӀыжым, мылӀэжын щыт псэуэ щытт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Петр 3:18
34 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Апхуэдэуи цӀыху куэдым я гуэныхьхэр ятрихыну Мэссихьи зэ къурмэныпхъэ зищӀащ. ИтӀани зэ къэлъэгъуэжынущ ар. ЦӀыхухэм я гуэныхьхэр ящхьэщихын щхьэкӀэкъым, абы щыгъуэ къыщӀэкӀуэжынур, атӀэ езыр къызэрыкӀуэжынум щыгугъыу пэплъэ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.


Апхуэдэу щымытатэмэ, Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ Мэссихь куэдрэ гугъуехь ишэчын хуей хъунут. Ауэ езым къурмэныпхъэ зэрызищӀамкӀэ гуэныхьыр игъэкӀуэдын щхьэкӀэ, иджы, лъэхъэнэхэм я кӀэух дыдэм деж, аргуэру къэмылъэгъуэжыну, зэ закъуэ къэлъэгъуащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь лъэпкъ зымылэжьа Мэссихь Тхьэм гуэныхьым и къурмэныпхъэ ищӀащ, Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ.


Мэссихь лӀахэми хъыбарыфӀыр яхуиӀуэтащ. Ахэр мы дунейм щытетым, хьэкум ятрищӀыхьащ Тхьэм, цӀыху псоми зэратрищӀыхьым хуэдэу. Мэссихь хъыбарыфӀыр щӀахуиӀуэтар лӀахэм, Тхьэр зэрыпсэум хуэдэу, ахэри псэун щхьэкӀэщ.


Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.


Ауэ ди гуэныхьхэмкӀэ зыдумысыжмэ, ар щыпкъэу икӀи захуэу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъунущ икӀи къуаншагъэ псори ди гум иригъэкъэбзыкӀыжынущ.


Дэ гуэныхь зэрытщӀам щхьэкӀэ Тхьэм Хьисэ ажалым ӀэщӀилъхьащ, дэ щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ, Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ.


Аращи, Мэссихь и пкъымкӀэ гугъуехь зэришэчам щхьэкӀэ фэри абы и гупсысэкӀэкӀэ фигу вгъэбыдэн хуейщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зипкъкӀэ гугъуехь зышэчар гуэныхь Ӏуэху хэтыжкъым.


Дэ ди гуэныхьыщӀэ щэныжьым и бзаджагъэм щхьэкӀэ Торэт хабзэм хузэфӀэмыкӀар Тхьэм ищӀащ. Езым и Къуэм гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм я пкъым хуэдэ пкъы иӀэу, гуэныхьхэм щхьэкӀэ къурмэныпхъэ хъуну Тхьэм къигъэкӀуащ, апхуэдэуи а пкъымкӀэ гуэныхьыр игъэкъуэншащ.


Ди къуаншагъэм хуэфащэ гугъуехьыр езым зэрызытрилъхьамкӀэ, Торэт хабзэм дызэригъэкъуэнша Ӏуэхур дэ тщхьэщихыжри, ди щхьэхэр къищэхужащ Мэссихь, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Пкъом кӀэралӀыхь дэтхэнэми Тхьэм и ней къыщохуэ».


Хьисэ Мэссихьщ иджырей дунейм и тепщэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжын, ди Тхьэуэ икӀи ди Адэ лъапӀэм зэрыфӀэигъуам тету, ди гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкӀэ, зи псэр зытар.


ЛъэкӀыныгъэ имыӀэу жорым ираӀулӀауэ щыт пэтми, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ иджы псэущ. Мэссихь ди псэм щыщу дэри лъэкӀыныгъэ димыӀэ пэтми, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ дэри Мэссихь ди гъусэу дыпсэунущ, дыфхуэлэжьэн щхьэкӀэ.


Мэссихьщ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэну гъуэгу къытхузэӀузыхар. Тхьэм и нэфӀыр къытлъигъэс зэпытщ, езым и щӀыхьышхуэмкӀи къытлъысыну Ӏыхьэм дыщыгугъыурэ дызэрыпэплъэм щхьэкӀэ догуфӀэ.


Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжамкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ар Тхьэм зэри-Къуэр лъэщыгъэкӀэ къигъэнэхуащ. Аращ Хьисэ Мэссихьу дэ ди Зиусхьэныр.


Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхур вгъэкъуаншэри фукӀащ. Ар фэ къыфпэувакъым.


ЦӀыху ЛъапӀэр икӀи Захуэр зэфпэсакъым, абы и пӀэкӀэ лӀыукӀ гуэр къыфхуиутӀыпщыжыну Пилат Ӏэтащхьэм фелъэӀуащ.


Фи фӀэщхъуныгъэм тепщэ дыхуэхъуну дыхуейкъым, ауэ фыдгъэгуфӀэну дывдолажьэ, фэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу быдэу фытетщи.


Тхьэуэ Хьисэ лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжам и Псэ ЛъапӀэр фи гум илъмэ, абы щыгъуэ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъым и лъэкӀыныгъэкӀэ фи пкъыу лӀэнухэми гъащӀэ къаритынущ.


– «Тхьэр зыхуейр зэбгъэщӀэн, Щыпкъагъэр Зейр плъагъун, абы и макъыр зэхэпхын хуейуэ ди адэжьхэм я Тхьэм укъыхихащ», жиӀащ Ананий.


Тахътэм здисым, Пилат и фызым лӀыкӀуэ къыхуищӀри къыжрыригъэӀащ: – Щыпкъагъэ зигу илъ а цӀыхум мыхъун гуэр иумыщӀэ. Ныжэбэ пщӀыхьэпӀэ Ӏей слъагъури, а лӀым щхьэкӀэ гугъу сехьащ.


Пилат, зыри хищӀыхьыжын хузэфӀэмыкӀэу, цӀыхухэм нэхъ зэрызехьэ зэрыхъуар щилъагъум, псы къищтэщ, и Ӏэхэр цӀыхухэм я пащхьэм щитхьэщӀри жиӀащ: – Мы лӀыуэ щыпкъагъэ зигу илъым и лъыр сэ къыстехуэркъым. Абы и лъыр фэращ зытехуэр.


сигу щыпкъагъэ зэрилъри захригъэщӀыкӀынущ, сэ Адэ лъапӀэм деж сыдэкӀуеижынурэ, сыфлъагъужынукъыми;


Мэссихь ди псэм щыщу, езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, дыгушхуэурэ икӀи езым дыщыгугъыурэ, Тхьэм и гъунэгъу дыхъун тлъэкӀынущ.


Абы нэхърэ нэхъыбэу лӀэныгъэр къызыхэкӀ Ӏуэхухэм дапыкӀыжыну, гъащӀэрэ щыпкъагъэрэ зиӀэ Тхьэм дыхуэлэжьэну, Мэссихь и лъым дигухэр егъэкъэбзэж. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу сыт щыгъуи щыӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Мэссихь къурмэныпхъэ нэсу езы Тхьэм зритащ.


Хьисэ Мэссихь Тхьэр зыхуеяр зэригъэзэщӀам щхьэкӀэ, езым и пкъыр аргуэру къурмэныпхъэ имыщӀыжыну, зэ закъуэ къурмэныпхъэ зэрищӀамкӀэ ди гур игъэкъэбзэжащ.


И псэм и лъэкӀыныгъэкӀэ щӀыпӀэ кӀыфӀым хэс псэхэм я деж кӀуэри, Тхьэм и хъыбарыр яхуиӀуэтащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ