17 Тхьэр апхуэдэу хуеймэ, фӀы зэрыфщӀэм щхьэкӀэ гугъуехь фшэчыныр нэхъыфӀщ, бзаджэ щӀэным щхьэкӀэ гугъуехь фшэчыным нэхърэ.
Ауэ щыпкъагъэм щхьэкӀэ гугъуехь фшэчмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ. Аращи, цӀыхухэм зевмыгъэгъэшынэ икӀи зыми зевмыгъэгузавэ.
Аращи, Тхьэр зыхуейм тету гугъуехь зышэчхэм Тхьэуэ ахэр къэзыгъэщӀауэ узыщыгугъын хуейм и ӀэмыщӀэ зрыралъхьи, фӀы ирыращӀэ.
Хьисэ тӀэкӀу ӀукӀуэтщ, щӀым бгъэгукӀэ зытридзэри, Тхьэм елъэӀуу жиӀащ: – Си Адэ, хъуну щытмэ, мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. АтӀэми сэ сызэрыхуейр мыхъуу, уэ узэрыхуейр ирехъу.
Мыхъун фщӀауэ къыщывэуэкӀэ, фигукӀэ шыӀэныгъэ зивгъэӀэми, фэркӀэ сыт хуэдэ щӀыхь абы хэлъыр? ФӀы фщӀэ пэтми, гугъуехь щывагъэшэчкӀэ, фигукӀэ шыӀэныгъэ зивгъэӀэнырщ Тхьэм игу ирихьыр.
Паул къэдгъэнэн щытлъэмыкӀым, «Тхьэм зэрыжиӀауэ ирехъу», жытӀэри зыдущэхужащ.
Хьисэ етӀуанэуи ӀукӀри, Тхьэм елъэӀуурэ жиӀащ: – Си Адэ, мы гугъуехь шэчыным и фалъэр сӀыпх мыхъунумэ, уэ узэрыхуейуэ ирехъу.
Фщыщ гуэрым гугъуехь ишэч хъумэ, щӀишэчыр е цӀыху укӀынкӀэ, е дыгъуэнкӀэ, е бзаджэщӀагъэкӀэ, е и Ӏуэху зыхэмылъым зэрыхэӀэбэм къыхэкӀу иремыхъу.
Тхьэр зыхуейр мыращ: фӀыгъуэ длэжькӀэрэ, зыри зымыщӀэ цӀыху гулъытэншэхэм я жьэр едгъэубыдынырщ.
Ауэ ежьэжыну я Ӏэхэр щиубыдыжым, жиӀащ: – КъэкӀуэну махуэшхуэм Ерусалим сыщыӀэн хуейщ, ауэ Тхьэм жиӀэмэ, фи деж къэзгъэзэжынущ. Ефес къалэм кхъухькӀэ щежьэжащ итӀанэ.
Аращи, гугъуехь зэмылӀэужьыгъуэхэр зымащӀэкӀэ зэрыфшэчыр иджыпстукӀэ фигу къеуэми, фогуфӀэ.