Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Петр 3:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 ФӀы щӀэным и ужь фи фӀэщу фитмэ, хэт зэран къыфхуэхъун зылъэкӀынур?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Петр 3:13
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Зыгуэрым и бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ премыувыж хэти. Ауэ фэ фӀы зэрызэхуэфщӀэным фыхущӀэкъу, цӀыху псоми фӀы зэрахуэфщӀэнми сыт щыгъуи и ужь фит.


Тхьэр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэу, езым и мурадым тету и бын хъуну къыхуриджахэм Ӏуэху псом я фӀагъ Тхьэм къазэрыригъэкӀыр дощӀэ.


Си тӀасэ, мыхъумыщӀэ зылэжьхэм я лъэужьым уримыкӀуэу, фӀыгъуэ зылэжьхэм я лъэужьым ирикӀуэ. ФӀыгъуэ зылэжьыр Тхьэм и бынщ. МыхъумыщӀэ зылэжьым Тхьэм фӀэщхъуныгъэ хуиӀэкъым.


зи фӀыщӀагъэхэмкӀэ цӀыхухэр щыхьэт зыхуэхъу фызабэрщ: псалъэм щхьэкӀэ, бын зыпӀауэ, хьэщӀэхэр зыгъэлъэпӀауэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я лъакъуэхэр яхуэзытхьэщӀауэ, гузэвэгъуэ хэтхэм ядэӀэпыкъуауэ, фӀы щӀэным хэта фызабэрщ.


Фигухэм фӀылъагъуныгъэ зэрилъыным фи фӀэщу фыхущӀэкъу. Тхьэм лъэкӀыныгъэхэр къызэрывитыным фыхущӀэкъу, Тхьэм езым и псалъэхэр фигухэм кърилъхьэурэ, псом хуэмыдэжу ахэр къыжыфӀэну лъэкӀыныгъэ къызэрывитыным и ужь фит.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀыгъуэ зыщӀэхэр тепщэныгъэ зиӀэхэм ящышынэнкъым, бзаджагъэ зыщӀэхэрщ абыхэм ящышынэн хуейр. Тепщэныгъэ зиӀэхэм уащымышынэну ухуей? ФӀыгъуэ лэжь, ахэр къыпщытхъужынущ.


Тхьэм фӀыуэ илъагъу быну фызэрыщытым щхьэкӀэ абы и лъэужьым фрикӀуэ.


Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ