Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Петр 3:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Фэ, фызхэм, нывжызоӀэ, филӀхэм фахуэӀурыщӀэ. Ар фщӀэмэ, абыхэм ящыщхэр Тхьэм и псалъэхэм емыдаӀуэми, фэ, фызхэм, зыри жывмыӀэми, фи псэукӀэр зэралъагъум щхьэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъунущ,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Петр 3:1
26 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фызхэ, филӀхэм фахуэӀурыщӀэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщ цӀыхухэм зэрахуэфащэм хуэдэу.


Аращи, фэ фщыщ дэтхэнэми, езым и щхьэр фӀыуэ зэрилъагъум хуэдэу, и фызри фӀыуэ ирелъагъу. Фызми и лӀым щӀыхь хурещӀ.


Мыр фщӀэну сыхуейщ: Дэтхэнэ лӀыми и щхьэр Мэссихьщ, дэтхэнэ фызми и щхьэр и лӀырщ, Мэссихь и щхьэри Тхьэр арщ.


Уэ, фыз, дэнэ щыпщӀэн, уи лӀыр мыкӀуэду къебгъэлынкӀэ хъунщ. Уэ, лӀыми, дэнэ щыпщӀэн, уи фызыр мыкӀуэду къебгъэлынкӀэ хъунщ.


ЦӀыхубзми жриӀащ: – ИкъукӀэ хэзгъэхъуэнущ уи хьэзабхэр уэндэгъугъэкӀэ; узым ухэту къэплъхунущ уи сабийхэр; уи лӀым хьэщыкъ ухуэхъунурэ ар тепщэ пхуэхъунущ.


Фэ, лӀыхэм, нывжызоӀэ, фи фызхэм фагурыӀуэу фадэгъуэгурыкӀуэ. Ахэр фэр нэхърэ нэхъ гуащӀэмащӀэщ. ПщӀэ яхуэфщӀ, фэ фхуэдабзэу абыхэми Тхьэм и нэфӀ къащыхуэурэ ӀыхьэфӀу гъащӀэ къаретри. Апхуэдэу фщӀэмэ, Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, зыри къыфпэувыфынукъым.


Псалъэм щхьэкӀэ, фызым и лӀыр псэуху, хабзэмкӀэ а фызыр и лӀым епхауэ щытщ. Ауэ и лӀыр лӀэмэ, хабзэм фызыр щхьэхуит ещӀ.


ЦӀыхубзхэр члисэ зэхуэсым щрещым. Ахэр псэлъэну хуиткъым, атӀэ Торэт хабзэм зэритым хуэдэу, я щхьэгъусэхэм яхуэӀурыщӀэн хуейщ.


– Уи къуэшым уэркӀэ гуэныхь къихьамэ, абы деж кӀуэи, ар зэрыгуэныхьыр фи закъуэу гурыгъаӀуэ. КъодаӀуэмэ, абы щыгъуэ уи къуэшыр къыпхуэнэжащ.


Игъуэр блэвмыгъэкӀыу, фэ къыфщымыщ цӀыхухэм акъылыфӀагъэкӀэ фахущыт.


Ибрэхьим и ӀыхьэфӀ хъуну къэралым кӀуэну Тхьэм къыщыхуриджам, Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм едаӀуэри, здэкӀуэнур имыщӀэу щыта пэтми, итӀани гъуэгу техьащ.


Тхьэр зымыщӀэ цӀыхуу, ди Зиусхьэну Хьисэ теухуа хъыбарыфӀым емыдаӀуэхэм я бзаджагъэр яригъэпшыныжын щхьэкӀэ, мафӀэшхуэу зэщӀэплъар къыздихьынурэ, Зиусхьэн Хьисэ дунейм къэкӀуэжынущ.


Тхьэм фӀыщӀэ худощӀ. Гуэныхь щӀэным фрипщылӀу фыщытащ, ауэ иджы фызыщагъэгъуэза фӀэщхъуныгъэ Ӏуэхухэм фигукӀэ зефтауэ фыхуэпэжщ.


Тхьэм езым и бынхэм хьэкум трищӀыхьыну щиублэну зэманыр къэсащ. ИкӀи и хьэкумщӀэныр япэщӀыкӀэ дэркӀэ къиублэмэ, Тхьэм и хъыбарыфӀым емыдаӀуэхэм сыт къащыщӀынур?


Щыпкъагъэм фызэредэӀуам щхьэкӀэ фи гур къабзэ хъуащ. Фи къуэшхэр, пцӀы хэмылъу, фӀыуэ фолъагъу. Гу къабзагъэкӀэ фӀыуэ фызэрылъагъу зэпыт,


И Ӏуэхур щригъэкъум, езым къедаӀуэ цӀыху псори игъащӀэкӀэ мыкӀуэдыну къезыгъэлыр аращ,


Апхуэдэу щыт пэтми, хъыбарыфӀым едэӀуэн цӀыху куэдым ядакъым. Ешайа бегъымбарым мыпхуэдэу жиӀащ: «Зиусхьэн, хъыбарыфӀу цӀыхухэм яхуэтӀуатэр хэт зи фӀэщ хъуар?»


фигу къабзэу, Тхьэм фыфӀэлӀыкӀыу фызэрыпсэум гу лъатэмэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ