1 Петр 2:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр8 Абы нэмыщӀу, «ЦӀыхухэр зыгъэлъэпэрэпэн мывэу цӀыхухэр щӀым тезыгъэджалэ мывэшхуэуи» хъуащ. Тхьэм и псалъэхэм зэремыдаӀуэм щхьэкӀэ, ахэр мэлъэпэрапэ, Тхьэм абыхэм зэрахуигъэнэхуам хуэдэу. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху гуэрхэм фымыщӀэххэу зыкъыфхагъэзэрыхьащ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуэншэнур и псалъэ тхахэм куэд щӀауэ хэтщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ абыхэм я гум илъкъым. Ди Тхьэм и нэфӀ цӀыхухэм къазэрыщыхуэм и хъыбарыр къагъэсэбэп абыхэм, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратын щхьэкӀэ. Ди пашэ икӀи ди Зиусхьэн закъуэ Хьисэ Мэссихьыр ягукӀэ ящтэркъым.
Си къуэшхэ, цӀыхухэр сунэт ящӀауэ щытын хуейуэ иджы яжесӀамэ (сэ жысӀауэ жаӀэу, цӀыхухэм пцӀы къызэрыстралъхьэм хуэдэу), сыт цӀыхухэм гугъу иджыри сыщӀрагъэхьыр? ЦӀыхухэр сунэт ящӀауэ щытын хуейуэ яжесӀатэмэ, абы щыгъуэ Хьисэ жорым зэрыкӀэрылӀыхьам и хъыбарым цӀыхухэм я гу иримыхьын гуэри къыхэнэнтэкъым.