Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Петр 2:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ фэркӀэ а мывэр лъапӀэщ. Ауэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэмкӀэ «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ»,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Петр 2:7
26 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу зэрыхэтым феджакъэ? «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зытезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ. Мыр Зиусхьэным къыбгъэдэкӀ Ӏуэхущ, икӀи ар дэ тфӀэтелъыджэщ».


Абы нэмыщӀу, «ЦӀыхухэр зыгъэлъэпэрэпэн мывэу цӀыхухэр щӀым тезыгъэджалэ мывэшхуэуи» хъуащ. Тхьэм и псалъэхэм зэремыдаӀуэм щхьэкӀэ, ахэр мэлъэпэрапэ, Тхьэм абыхэм зэрахуигъэнэхуам хуэдэу.


Хьисэ Мэссихь фымылъэгъуауэ щыт пэтми, фӀыуэ фолъагъу. ИджыкӀэ фымылъагъу пэтми, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэщ, псалъэхэм жамыӀэфыну щӀыхьышхуэ зыхэлъ гуфӀэгъуэшхуи фи гум илъщ.


Рахав псэжьым фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм ядэкӀуэдакъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бий тӀасхъэщӀэххэр и гуапэу иригъэблэгъащ (икӀи нэгъуэщӀ гъуэгукӀэ къалэм ахэр дишыжащ).


Аращи, а гупсэхужыпӀэм дызэрыщӀыхьэным и ужь дивгъэт. Ди адэжьхэм Тхьэм едэӀуэну зэрамыдам хуэдэу, дэ тщыщ гуэр Тхьэм емыдаӀуэу щремыт. Ар мыхъумэ, а цӀыхур Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэнукъым.


ЗэхэщӀыкӀ димыӀэу, Тхьэм демыдаӀуэу дыпсэууэ щытащ дэри. Дыгъуэщауэ щытащ, ди гур зыщӀэхъуэпса Ӏуэху мыхъумыщӀэ куэдымрэ дызыгъатхъа Ӏуэху мыхъумыщӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэмрэ драпщылӀащ. Бзаджагъэрэ фыгъуэныгъэкӀэ дыпсэууэ, гущыкӀыгъуэу, дызэрылъагъу мыхъуу щытащ.


Мэссихь фи псэм зэрыщыщымкӀэ абы и гъащӀэ нэгъэсауэ фхэлъщ. Ар Ӏэтащхьэ псоми тепщэныгъэ зиӀэ псоми я щхьэщ.


Ажал къызыхэкӀ мэ Ӏейм дыхуэдэщ цӀыху гуэрхэм ядежкӀэ, гъащӀэ къызыхэкӀ мэ гуакӀуэм дыхуэдэщ нэгъуэщӀ гуэрхэми ядежкӀэ. Апхуэдэ Ӏуэху илэжьыну хэт зылъэкӀынур?


Иудей хэкум ису фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм Тхьэм сащихъумэнуи, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Ерусалим дэсхэм дэӀэпыкъуэгъу зэрахуэхъун ахъшэу яхуэсхьынур гуапэ ящыхъунуи Тхьэм фелъэӀу.


Ауэ израил лъэпкъым теухуауэ мыпхуэдэу жеӀэ: «КъызэмыдаӀуэ лъэпкъ ерыщыр къызэкӀужын щхьэкӀэ, си Ӏэхэр яхуэсший зэпытащ махуэ къэс».


– Аращи, Агриппэ пащтыхь, уафэм къехыу зыкъызэзыгъэлъэгъуам сыпэувыжакъым.


– Уэ жыпӀам и закъуэкъым фӀэщхъуныгъэ диӀэ зыгъэхъуар, – жраӀащ абыхэм цӀыхубзым, – атӀэ ди тхьэкӀумэкӀэ зэхэтхащ езым жиӀэр, дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр пэжу арауэ зэрыщытыр къэтщӀащ.


Абыхэм еплъри, Хьисэ жиӀащ: – Тхьэм мы и псалъэу тхахэм сыт къикӀыр атӀэ: «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ»?


Ар хамэ лъэпкъхэм щыпкъагъэ езыгъащӀэ нэхурщ, Израил уи лъэпкъыр щӀыхьышхуэ иӀэу зыщӀынури арщ».


И нэфӀ абыхэм къащыхуэну Симеон Тхьэм елъэӀури, сабийм и анэ Мэрием жриӀащ: – Израил щыщ цӀыху куэд мы сабийм текӀуэдэн, цӀыху куэди мыкӀуэду къригъэлын, икӀи цӀыхухэр зыпэувын нэщэнэу къэнэхуэн щхьэкӀэ, Тхьэм ар къигъэкӀуащ.


Зиусхьэным гъунэгъу зыхуэфщӀ. Аращ псэ зыпыт мывэу цӀыхухэм зрамыпэсу хыфӀадзэжар, ауэ Тхьэм ар къыхихащ, езым дежкӀэ абы уасэшхуэ иӀэщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ