Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Петр 2:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Зиусхьэным гъунэгъу зыхуэфщӀ. Аращ псэ зыпыт мывэу цӀыхухэм зрамыпэсу хыфӀадзэжар, ауэ Тхьэм ар къыхихащ, езым дежкӀэ абы уасэшхуэ иӀэщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Петр 2:4
31 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ фэркӀэ а мывэр лъапӀэщ. Ауэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэмкӀэ «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ»,


Ди гъащӀэ пэжу щыт Мэссихь къыщылъагъуэкӀэ, фэри абы фригъусэу щӀыхьышхуэ фиӀэу фыкъэлъэгъуэнущ.


Апхуэдэу Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏыхьэшхуэу уасэшхуэ зиӀэхэр къыдитащ, абыхэмкӀэ дунейм щызекӀуэ хъуэпсэныгъэ Ӏейуэ цӀыхухэр зыгъэкӀуэдхэм пэӀэщӀэ зыфщӀу, Тхьэм и хьэл-щэнымкӀэ Ӏыхьэ фиӀэн щхьэкӀэ.


Сэ, Симон Петр, мы тхылъыр сотх. Сэ Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, абы сриапостолщ. Ди Тхьэуэ дыкъезыгъэлыр Хьисэ Мэссихьщ. Абы и захуагъэщ зыми пэпщӀ мыхъун фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуар, апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэращ мы тхылъыр зыхуэстхыр.


езым и лъыуэ уасэ зыхуэпщӀыну щымытыращ. Езыр хуэныкъуагъэ зимыӀэ, бжьыгъэ зытемылъ щынэ къабзэм хуэдэщ.


А гугъуехьхэр щӀэфшэчыр фи фӀэщхъуныгъэр гъэунэхуа хъууэ, абы и щыпкъагъэр нахуэ хъун щхьэкӀэщ. Дыщэр зэрыдыщэр мафӀэкӀэ ягъэунэху пэтми, а дыщэр кӀуэдыжынущ. Фи фӀэщхъуныгъэр а дыщэм нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм фи фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэм щхьэкӀэ фӀыщӀи, щӀыхьи, лъытэныгъи къыфхуищӀынущ Тхьэм.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ Тхьэм дрибийуэ дыщыта пэтми, и Къуэм и лӀэныгъэмкӀэ Тхьэм езым дызригъэкӀужащ. Иджы дызэрызригъэкӀужам папщӀэ, абы нэхъри нэхъыбэжу и Къуэм и гъащӀэмкӀэ дымыкӀуэду дыкъригъэлынущ Тхьэм.


ТӀэкӀу дэкӀмэ, дунейм и цӀыхухэм салъагъужынукъым, ауэ фэ сыфлъагъунущ, сэ сопсэу, фэри фыпсэунущи.


Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.


ГъащӀэ щыпкъэ къызыбгъэдэкӀ Адэ лъапӀэм сыкъыфхуигъэкӀуащи, си гъащӀэр абы къызэрыбгъэдэкӀым хуэдэу, си пкъыр зышхым и гъащӀэри сэ къызбгъэдэкӀынущ.


Адэ лъапӀэм къызит цӀыху псори си деж къэкӀуэнущ, си деж хэт къакӀуэми, сэ збгъэдэзгъэкӀыжынукъым.


Апхуэдэу щыт пэтми, а гъащӀэр фиӀэ хъун щхьэкӀэ, си деж фыкъэкӀуэну фыхуейкъым.


Адэ лъапӀэм цӀыхухэм гъащӀэ зэрыритым хуэдэу, абы и Къуэми цӀыхухэм гъащӀэ иритыну тепщэныгъэ къритащ.


Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу зэрыхэтым феджакъэ? «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зытезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ. Мыр Зиусхьэным къыбгъэдэкӀ Ӏуэхущ, икӀи ар дэ тфӀэтелъыджэщ».


«Мыращ къысхуэлэжьэну къыхэсхар. Ар фӀыуэ солъагъу, си гум ирихьыр арщ. Сэ си псэр абы и гум ислъхьэнурэ, хамэ лъэпкъхэр щыпкъагъэм иригъэдэӀуэнущ абы.


– ЦӀыху ешаелӀа, хьэлъэ уэндэгъу зытелъ псори, си деж фыкъакӀуэ, гузэгъэгъуэ фэстынущи.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм игъэува лъабжьэр Хьисэ Мэссихьщ. Абы фӀэкӀа нэгъуэщӀ лъабжьэ зыми игъэувын лъэкӀынукъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ