2 КъалъхуагъащӀэ сабийхэр анэ быдзышэм зэрыщӀэхъуэпсым хуэдэу, фэри Тхьэм и псалъэу шэ къабзэм хуэдэхэм фыщӀэхъуэпс, абыхэмкӀэ фыхэхъуэурэ, фымыкӀуэду Тхьэм фыкъригъэлын щхьэкӀэ.
ФӀылъагъуныгъэр ди гум илъу, щыпкъагъэр къыжытӀэурэ, сыт хуэдэ лъэныкъуэкӀи Мэссихь хуэдэ дыхъуурэ зыдужьынущ. Езыращ щхьэр.
Ди Зиусхьэну ди КъегъэлакӀуэ Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр зэпымыууэ къызэрыфщыхуэным икӀи езыр нэхъыфӀу зэрыфщӀэным и ужь фит. Ноби мыкӀуэдыж махуэм нэсыхуи щӀыхьышхуэр ейщ абы. Ӏэмин.
Пэжыр нывжызоӀэ, сабийм Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрищтэм хуэдэу къэзымыщтэ дэтхэнэри а тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнукъым.
Си къуэшхэ, фи гупсысэкӀэкӀэ сабийхэм яхуэдэ фымыхъу. Бзаджагъэ зыхэмылъ сабийхэм лажьэ зэрамыӀэм хуэдэу, фэри фремыӀэ, фи гупсысэкӀэкӀи зи ныбжь нэса цӀыхухэм хуэдэ фыхъу.
Ди къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм сыт щыгъуи фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ. Ари тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи фӀэщхъуныгъэм зэпымыууэ хохъуэ, фэ фщыщ дэтхэнэми адрейм фӀылъагъуныгъэу хуиӀэми зэпымычу хохъуэ.
жиӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, фи гум илъыр зэфхъуэкӀыу, сабийхэм хуэдэ фымыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.
Зиусхьэн Хьисэщ унэ псори зэтезыгъэувэр, езыр а унэм зэрисым щхьэкӀэ, Тхьэм и унэшхуэ лъапӀэ хъуну зеӀэт.
Дыщаумэхъым, Мэссихь дригъусэу дылӀэри, езым дригъусэу дыщӀалъхьэжащ. Апхуэдэу щӀэхъуар дэри гъащӀэщӀэ диӀэу дыпсэун щхьэкӀэщ, Адэ лъапӀэм и лъэкӀыныгъэу щӀыхьышхуэ зиӀэмкӀэ Мэссихь лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам хуэдэу.
щӀэрыщӀэу фыкъалъхужащи. ЩӀэрыщӀэу фыкъызэралъхужар кӀуэдыжыну жылэкъым, атӀэ мыкӀуэдыжын жылэщ. А жылэр гъащӀэ къызыхэкӀыу, Тхьэм и псалъэу игъащӀэкӀэ зызымыхъуэжынуращ.
Хьисэ жиӀащ: – Сабийхэр си деж кърекӀуэ, фапэрымыуэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.
Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сабийм къызэрищтэм хуэдэу къэзымыщтэр а тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнукъым.