19 Лажьэ имыӀэ пэтми, гугъуехь щрагъэшэчкӀэ, Тхьэр игу хэлъу шыӀэныгъэ зиӀэрщ Тхьэм игу ирихьыр.
Мыхъун фщӀауэ къыщывэуэкӀэ, фигукӀэ шыӀэныгъэ зивгъэӀэми, фэркӀэ сыт хуэдэ щӀыхь абы хэлъыр? ФӀы фщӀэ пэтми, гугъуехь щывагъэшэчкӀэ, фигукӀэ шыӀэныгъэ зивгъэӀэнырщ Тхьэм игу ирихьыр.
Ауэ Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуам къыхэкӀкӀэ иджы сызэрыщытым хуэдэ сыхъуащ. И нэфӀ къызэрысщыхуар пщӀэншэ хъуакъым. Адрей псоми нэхърэ нэхъ куэдрэ сылэжьащ, ауэ сэракъым лэжьар, Тхьэм и нэфӀ къысщыхуэри сигъэлэжьащ.
– ФӀыуэ фыкъэзылъагъухэм фӀэкӀа зыри фӀыуэ фымылъагъужмэ, фэркӀэ сыт хуэдэ фӀыщӀэ абы хэлъыр? ГуэныхьщӀакӀуэхэми фӀыуэ къэзылъагъухэр ялъагъужыркъэ?
Аращи, тепщэныгъэ зиӀэхэм уахуэӀурыщӀэн щӀыхуейр къыпхуэфащэ гугъуехьыр Тхьэм къыптрилъхьэнкӀэ узэрыщышынэ къудейр аракъым, атӀэ уахуэӀурыщӀэну зэрытэрэзыр уигукӀэ зэрыпщӀэри абы хэтщ.
Ауэ си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, а бзаджагъэ псори къыващӀэнущ, сэ сыкъэзыгъэкӀуар яцӀыхуркъыми.
Аращ мы гугъуехьыр щӀэсшэчыр, ауэ сыдзыхэркъым, фӀэщхъуныгъэ зыхузиӀэ Хьисэ Мэссихь сощӀэ, езыми си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум а махуэм нэсыху ар къыхуэсакъын зэрылъэкӀынум сыщогугъри.
Иджы, си къуэшхэ, Македоние хэкум щыщ члисэ зэхуэсхэм Тхьэм и нэфӀ къазэрыщыхуар фэдгъэщӀэну дыхуейщ.
Мыращ дызэрыпагэр: Хьилагъэ лъэпкъ ди гум имылъу, Тхьэм и гум ирихь мурад къабзагъэ диӀэу мы дунейм, псоми япэу фи деж, дызэрыщыпсэуамкӀэ ди гур щыхьэт мэхъу. Тхьэм и нэфӀ къызэрытщыхуам папщӀэ апхуэдэу дыпсэуащ, ахъумэ мы дунейм тет цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэм и хьэтыркӀэкъым.
«Дэгъуэщ! Дэгъуэщ!» къызжаӀэурэ къысщыдышхыхэр я напэ текӀауэ зэщӀрекӀуэж.
Варнавэ Антиохием кӀуэри, Тхьэм и нэфӀыр абыхэм къазэрыщыхуэр щилъагъум, гуфӀащ, емыщу Зиусхьэным гурэ псэкӀэ хуэпэжыну яхуигъэуващ.
Ар лъэкӀыну щытатэмэ, цӀыхухэм къурмэн щӀыныр зыханыжынт. Тхьэм пэгъунэгъу хъуну хуейхэр а къурмэнхэмкӀэ къабзэ хъуну щытамэ, я гуэныхьхэр ягукӀэ зыдащӀэжынтэкъым.
Фщыщ гуэрым гугъуехь ишэч хъумэ, щӀишэчыр е цӀыху укӀынкӀэ, е дыгъуэнкӀэ, е бзаджэщӀагъэкӀэ, е и Ӏуэху зыхэмылъым зэрыхэӀэбэм къыхэкӀу иремыхъу.