18 Фэ, унэӀутхэ, лъытэныгъэ псомкӀи фи тепщэхэм фахуэӀурыщӀэ, тепщэ гущабэмрэ Ӏэдэбымрэ я мызакъуэу, тепщэ ткӀийми фыхуэжыӀэщӀэ.
Ауэ уафэм къикӀ акъылыфӀагъэр, япэрауэ къабзэщ, итӀанэ зэкӀужыныгъэ хэлъщ, гущабэщ, ӀурыщӀэщ, гущӀэгъу хэлъ зэпытщ, фӀы ищӀэ зэпытщ, захуэщ, гъэпцӀагъи хэлъкъым.
Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фӀыхэр мыращ: ФӀылъагъуныгъэр, гуфӀэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыӀэныгъэр, фӀыгъуэр, гущӀэгъуныгъэр, фӀэщхъуныгъэр,
Сыту жыпӀэмэ Ӏугъуэм хуэдэу си махуэхэр блосыкӀ, си къупщхьэхэр пхъэдзакӀэ ныкъуэсым хуэдэщ.
Абы нэмыщӀу, ягу къэгъэкӀыж ӀейкӀэ зыми темыпсэлъыхьын, шхыдэрейуэ щымытын, Ӏэсагъэрэ гущабагъэкӀэ адрей цӀыхухэм яхущытын зэрыхуейри.
ЗэрыжыфӀэмкӀэ сэ, Паул, фи пащхьэм сит щыхъукӀэ, сошынэ, ауэ сыфпэжыжьэ щыхъукӀэ, согушхуэ – сэ Мэссихь и гущабагъэрэ и ӀэсагъэкӀэ сыныволъэӀу.