Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Петр 2:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Аращи, бзаджагъэ псори, хьилагъэ псори, бзитӀщхьитӀыгъэри, фыгъуэныгъэри, цӀыхухэм ӀейкӀэ фытепсэлъыхьынри зыхэвн.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Петр 2:1
50 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сыт хуэдэ гужьгъэжьри, къызэщӀэплъэнри, губжьынри, кӀий-гуоунри, цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьынри, сыт хуэдэ бзаджагъэри зыхэвныж.


Аращи, гу фӀеигъэу къыфхэна псори, бзаджагъэ псори зыхэвн. Тхьэм фигухэм кърилъхьа псалъэу фи псэхэр мыкӀуэду къезыгъэлын зылъэкӀынухэр гу щабагъэкӀэ фубыд.


Си къуэшхэ, ӀейкӀэ фызэхуэмыпсалъэ. Зи къуэш ӀейкӀэ тепсэлъыхьурэ зыгъэкъуаншэр Тхьэм и унафэхэм ӀейкӀэ топсэлъыхь икӀи мызахуэу елъытэ. Ауэ Тхьэм и унафэхэр пфӀэмызахуэмэ, ахэр умыгъэзэщӀауэ, хьэкум ятепщӀыхьауэ мэхъу.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «ГъащӀэр фӀыуэ зылъагъуу, махуэфӀхэр зылъагъуну хуей цӀыхум бзаджэ жыӀэным и бзэр щрехъумэ, и Ӏупэхэри хьилагъэм щрехъумэ.


Абыхэм я псэукӀэ мыхъумыщӀэу гъунэ зимыӀэмкӀэ иджы гъусэ фазэрыхуэмыхъум щхьэкӀэ ягъэщӀагъуэ икӀи къыфхущӀоджэ.


Абы къыхэкӀкӀэ, мы дунейм щыдгъэщӀэну къытхуэнэжа пӀалъэм цӀыхухэр зыщӀэхъуэпс Ӏуэху нэпцӀхэм дыдахьэхауэ дымыпсэууэ, Тхьэр зыхуейм дытету дывгъэпсэу.


Си къуэшхэ, зыр зым щхьэкӀэ фымытхьэусыхэ, Тхьэм фимыгъэкъуэншэн папщӀэ. ХеящӀэр бжэӀупэм Ӏутщ.


Аращи, апхуэдэ щыхьэт гупышхуэ дяпэ иту зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, дэтхэнэ хьэлъэу ттелъымрэ гуэныхьу дызэщӀэзубыдэмрэ зытедвгъэдзи, теубыдагъэ диӀэу, зэдэжэныгъэу къытпэщылъыр къэдвгъэж.


А дэӀэпыкъуэгъухэм я фызхэри щӀыхь зыхуэфащэу, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятемыпсэлъыхьу, шыӀэныгъэ зиӀэу, лъэныкъуэ псомкӀи узыщыгугъ хъун цӀыхуу щытын хуйщ.


Ахэр щысымаджэм щыгъуэ щыгъынхэр зыщыстӀагъэри, гугъу задезгъэхьащ, сынэщӀурэ Тхьэм сахуелъэӀуащ, си щхьэ ухуауэ.


«Гуэныхь лъэпкъ ищӀакъым езым, узыгъэпцӀэн псалъи и жьэм къыжьэдэкӀакъым».


Фызыжьхэри ущий Тхьэм и бзылъхугъэ лъапӀэхэм яхуэфащэу псэуну, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятемыпсэлъыхьыну, фадэм зыдрамыгъэхьэхыну икӀи фӀыр зыхуэдэр цӀыхухэм ирагъащӀэну.


ШыкӀэ пшынэкӀэ щӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным, уэрэд хужыфӀэ бзэпсипщӀ зытелъ пшынэ дыкъуакъуэкӀэ.


Си къуэшхэ, фи гупсысэкӀэкӀэ сабийхэм яхуэдэ фымыхъу. Бзаджагъэ зыхэмылъ сабийхэм лажьэ зэрамыӀэм хуэдэу, фэри фремыӀэ, фи гупсысэкӀэкӀи зи ныбжь нэса цӀыхухэм хуэдэ фыхъу.


Мыщыпкъагъэ псори, зинэ псори, гъэпцӀагъэ псори, нэпсеягъэ псори, бзаджагъэ псори ягухэм ярыз хъуащ. Фыгъуэныр, цӀыху укӀыныр, зэщыхьэныр, пцӀы упсыныр, лъагъу мыхъуныр я гум илъ зэпытщ.


Уи нэм щӀэлъ бжэгъур умылъагъуу, уи къуэшым дауэ жепӀэфрэ, «Си къуэш, уи нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къыщӀэзгъэх?» жыпӀэу. Уэ, бзитӀщхьитӀ, уи нэм щӀэлъ бжэгъур къыщӀэхыж япэщӀыкӀэ, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къызэрыщӀэпхынур ӀупщӀ хъунщ итӀанэ.


Щыпкъагъэ зигу илъхэм фахуэдэу цӀыхухэм закъыфӀывогъэщӀ фи фэкӀэ, ауэ фигухэм бзитӀщхьитӀыгъэмрэ бзаджагъэмрэ изщ.


Уэ, бзитӀщхьитӀ, уи нэм щӀэлъ бжэгъур къыщӀэхыж япэ щӀыкӀэ, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къызэрыщӀэпхынур ӀупщӀ хъунщ итӀанэ.


Тхьэм игу зыкъэдгъэкӀыжын папщӀэ. Даут и уэрэд


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, сызэрыхуейуэ фэ фыщымыту фыкъэзгъуэту, фэри фызэрыхуейуэ сэ сыщымыту сыкъэвгъуэтынкӀэ сошынэ. Зэщыхьэныр, фыгъуэныр, губжьыныр, зэгурымыӀуэныр, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыныр, бзэгу зехьэныр, зыкъыфӀэщӀыжыныр къыфхэхъыжьэу, Ӏуэхухэр зэхэвынэ хъункӀэ сошынэ.


Абыхэм я жьэхэм пцӀы зыхэлъ псалъэ къажьэдэкӀакъым. Лажьэ гуэри яӀэкъым.


Фи щхьэ фыхуиту фыпсэу, ауэ бзаджэ щӀэнымкӀэ щхьэхуитыныгъэр къэвмыгъэсэбэп, Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм яхуэфащэу фыпсэу.


Е Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу зэрыхэтыр пщӀэншэу фи гугъэ: «Дэ тхэт псэр хуабжьу мэфыгъуэ»?


Ауэ фыгъуэ дыджымрэ зэщыхьэныгъэмрэ фигухэм илъмэ, фызыщымытхъуж, щыпкъагъэри фымыгъэпцӀ.


ХъыбарыфӀыр фи фӀэщ хъуну дыныщӀывэлъэӀур Тхьэм ар цӀыхухэм яхуэтӀуэтэну дэ ди пщэм къызэрыдилъхьар арщ. Дыгъуэщауэ дыщыткъым, дигури мыкъабзэу щыткъым, фыдгъэпцӀэнуи дыхэткъым.


Аращи, махуэшхуэр дывгъэгъэлъапӀэ, ауэ зэрыдгъэлъэпӀэнур бзаджагъэмрэ икӀагъэмрэ я пщагъэжьымкӀэкъым, атӀэ гукъабзагъэмрэ щыпкъагъэмрэ я щӀакхъуэ мыфӀэӀу къабзэмкӀэщ.


Нафанаил къакӀуэу щилъагъум, абы теухуауэ Хьисэ жиӀащ: – Мис Израил щыщ цӀыху щыпкъэу гъэпцӀагъэ гуэри зыхэмылъыр.


– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фэ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри, фарисейхэри, фэ, бзитӀщхьитӀхэ, фэ кхъащхьэ хэкӀудэжахэм фахуэдэщи. ЦӀыхухэм гу лъамытэурэ, абыхэм я гущӀыӀум фрокӀуэ.


Арати, увыпӀэ ямыгъуэту цӀыхур мин бжыгъэкӀэ гупышхуэурэ къыщызэхуэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀэу щӀидзащ: – Фарисейхэм я пщагъэу я бзитӀщхьитӀыгъэм фыхуэсакъ.


Ауэ Хьисэ ахэр зэрыфитӀнэр ищӀэрти, яжриӀащ: – Сыт сыщывгъэуэну фыщӀыхэтыр? Зы динар къысхуэфхьи, сывгъэлъагъу!


А унэӀутыр хьэлэчу иубэрэжьынущ тепщэм икӀи бзитӀщхьитӀхэм гугъуехь щадишэчыну щӀыпӀэм игъэкӀуэнущ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ.


БзитӀщхьитӀхэ! Ешайа бегъымбарым фэ къыфтеухуауэ пэжыр жиӀащ мыпхуэдэу:


ЛӀэщӀыгъуэбэ зи ныбжь къутахуэхэм нэхъ благъэу екӀуалӀэ: уи унэшхуэм и кӀуэцӀ псори зэхикъутащ бийм.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ