8 Хьисэ Мэссихь фымылъэгъуауэ щыт пэтми, фӀыуэ фолъагъу. ИджыкӀэ фымылъагъу пэтми, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэщ, псалъэхэм жамыӀэфыну щӀыхьышхуэ зыхэлъ гуфӀэгъуэшхуи фи гум илъщ.
– Сэ сыплъэгъуати, уи фӀэщ хъуащ, – къыжриӀащ Хьисэ. – Мы Ӏуэхухэр ямылъэгъуауэ щыт пэтми, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр гъуэгу махуэ теуващ итӀани.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀэщхъуныгъэм тету допсэу, ди нэкӀэ тлъагъум тету дыпсэуркъым.
ЕзымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ, ӀыхьэфӀыр къытлъигъэсыну дыщызыгъэгугъ Тхьэм гуфӀэгъуэшхуэрэ гузэгъэгъуэшхуэрэ фигухэм кърырелъхьэ, езым и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ фигухэм гугъэшхуэр из хъун щхьэкӀэ.
ФӀэщхъуныгъэр зищӀысыр – дызыщыгугъыу, дызыпэплъэ Ӏуэхухэр зэрыдгъуэтынур тщӀэныр арщ икӀи Ӏуэху нэрымылъагъухэм ди дзыхь едгъэзыныр арщ.
Апхуэдэу, фэри гукъеяуэ фиӀэщ иджы, ауэ сэ аргуэру фыслъагъужынущ. Абы щыгъуэ фэри фыгуфӀэжынущ, фи гуфӀэгъуэри зыми фтрихыжынукъым.
Апхуэдэу цӀыхухэм нэкӀэ ялъагъу Ӏуэхухэм деплъыркъым, атӀэ нэкӀэ ямылъагъу Ӏуэхухэрщ дызэплъыр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэкӀэ ялъагъу Ӏуэхухэр кӀуэдыжынущ, ауэ нэкӀэ ямылъагъу Ӏуэхухэр кӀуэдыжынукъым.
Аращи, гугъуехь зэмылӀэужьыгъуэхэр зымащӀэкӀэ зэрыфшэчыр иджыпстукӀэ фигу къеуэми, фогуфӀэ.
ФӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, пащтыхьым и губжьым щымышынэу, Мысырым къикӀыжащ. ЦӀыхухэм ямылъагъу Тхьэр зэрилъэгъуам хуэдэу и гум теубыдагъэ илъу щытащ.
ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ фэркӀэ а мывэр лъапӀэщ. Ауэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэмкӀэ «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ»,
Фэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщхэр, сыт щыгъуи фыгуфӀэ. Иджыри зэ нывжызоӀэ, фыгуфӀэ.
ИтӀанэ япэрей мэлыхъуэ Мэссихьыр къыщылъагъуэкӀэ, текӀуэныгъэм и таж щӀыхьышхуэ зиӀэу мыкӀуэдыжынур къывитынущ.
МыкӀуэдыжын фӀылъагъуныгъэ зиӀэу, ди Зиусхьэн Хьисэ фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэм Тхьэм и нэфӀ къащрехуэ. Ӏэмин.
Абы сыщыгугъыу, мыбы сыкъызэрынэжынури, гуфӀэгъуэри щӀыгъуу фи фӀэщхъуныгъэр зэпымыууэ нэхъ быдэ хъун щхьэкӀэ, фи деж сызэрыщыӀэнури сощӀэ.
Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхухэр зытеухуар шхэнымрэ ефэнымрэкъым, атӀэ щыпкъагъэ, гузэгъэгъуэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ гуфӀэгъуэр аращ.
ФӀыуэ сыкъэзымылъагъум си псалъэхэр игъэзащӀэркъым. Сэ жысӀэу зэхэфх псалъэхэр си псалъэкъым. Адэ лъапӀэу сыкъэзыгъэкӀуам и псалъэщ.
– Тхьэр фи адэу щытатэмэ, сэ фӀыуэ сыкъэфлъагъунт, – яжриӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ Тхьэм сыщыщу, мыбы сыкъэкӀуащ. Сэр-сэру сыкъэкӀуакъым, Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.
Сунэт ипэжыпӀэкӀэ ящӀар дэращ, – дэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм хуэлажьэу, Мэссихь Хьисэ ирипагэу, пкъым епха Ӏуэхухэм ящымыгугъхэр.
Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фӀыхэр мыращ: ФӀылъагъуныгъэр, гуфӀэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыӀэныгъэр, фӀыгъуэр, гущӀэгъуныгъэр, фӀэщхъуныгъэр,
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Хьисэ ди псэм щыщмэ, сунэт дащӀауэ щытми щымытми, аракъым Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зытетыр ди фӀэщхъуныгъэм фӀылъагъуныгъэ къызэрыхэкӀыр арщ.
Тхьэм и тыгъэшхуэу пхуэмыӀуэтэжыну иным щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуэдвгъэщӀ.
Езыр арщ и бынхэм дазэрыщыщыр дэзыгъащӀэ мыхъуру икӀи фӀыгъуэ къызэрыдитынум и сакъылэту и Псэ ЛъапӀэр ди гум къизылъхьар.
Лъэхъуэщым и хъумакӀуэм ахэр езым и унэм щӀишэри, игъэшхэну Ӏэнэ къахуищтащ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ езыри и унагъуэри гуфӀащ.
Си унафэхэм едаӀуэу, ахэр зыгъэзащӀэхэращ сэ фӀыуэ сыкъэзылъагъур. Сэ фӀыуэ сыкъэзылъагъур си Адэми фӀыуэ къилъагъунущ. Сэри ар фӀыуэ слъагъунущ икӀи сызыхуэдэр езгъэлъагъунущ.
– Фэ сэ фӀыуэ сыфлъагъумэ, си унафэхэр вгъэзэщӀэнущ.
– Ар хэтуи щрет, сэ фӀыуэ сызэрилъагъум нэхърэ и адэр е и анэр нэхъыфӀу зылъагъур сэ къысхуэфащэкъым. Сэ сыкъы-зэрилъагъум нэхърэ и къуэр е и пхъур нэхъыфӀу зылъагъур, ар хэт щыщми, сэ къысхуэфащэкъым.
Зиусхьэныр фӀыуэ зымылъагъум Тхьэм и нейр къыщрехуэ. Маранафэ.
А фӀылъагъуныгъэу щӀэныгъэ псоми къамыубыдыфынур фщӀэн ирехъу, Тхьэм и хьэл-щэн псори фхэлъын щхьэкӀэ.