Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Петр 1:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 А гугъуехьхэр щӀэфшэчыр фи фӀэщхъуныгъэр гъэунэхуа хъууэ, абы и щыпкъагъэр нахуэ хъун щхьэкӀэщ. Дыщэр зэрыдыщэр мафӀэкӀэ ягъэунэху пэтми, а дыщэр кӀуэдыжынущ. Фи фӀэщхъуныгъэр а дыщэм нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм фи фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэм щхьэкӀэ фӀыщӀи, щӀыхьи, лъытэныгъи къыфхуищӀынущ Тхьэм.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Петр 1:7
53 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

И щыпкъагъэ гъэунэхуа хъумэ, теубыдагъэ зиӀэр гъуэгу махуэ теуващ, абы и щыпкъагъэр гъэунэхуа хъуа нэужь, езыр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа мыкӀуэдыжын гъащӀэр тажэм хуэдэу Тхьэм а цӀыхум къритынущи.


ФӀыуэ слъагъухэ, фи щыпкъагъэр зыгъэунэху гугъуехьышхуэу фшэчыр фымыгъэщӀагъуэ икӀи къывэуалӀэр гъэщӀэгъуэн къыфщремыхъу.


ФӀы щӀэным хэт зэпыту щӀыхьышхуэм, лъытэныгъэшхуэм, мылӀэныгъэм я ужь итхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритынущ.


хэти и Ӏуэхур зыхуэдэр нахуэ хъунущ, Зиусхьэныр къыщылъэгъуэжыну махуэм ар къигъэнэхуэнущи. А махуэр мафӀэм и щӀыгъуу къэкӀуэнущ, мафӀэм хэт и лэжьыгъэри зыхуэдэр къигъэнэхуэнущ.


И гъуэгум фытекӀыным Тхьэм фыщихъумэн лъэкӀынущ, лажьи фимыӀэу, гуфӀэгъуэшхуи фиӀэу, езы щӀыхьышхуэ ЗиӀэм и пащхьэм фригъэувэн лъэкӀынущ.


Апхуэдэу Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏыхьэшхуэу уасэшхуэ зиӀэхэр къыдитащ, абыхэмкӀэ дунейм щызекӀуэ хъуэпсэныгъэ Ӏейуэ цӀыхухэр зыгъэкӀуэдхэм пэӀэщӀэ зыфщӀу, Тхьэм и хьэл-щэнымкӀэ Ӏыхьэ фиӀэн щхьэкӀэ.


Зиусхьэным гъунэгъу зыхуэфщӀ. Аращ псэ зыпыт мывэу цӀыхухэм зрамыпэсу хыфӀадзэжар, ауэ Тхьэм ар къыхихащ, езым дежкӀэ абы уасэшхуэ иӀэщ.


– Тепщэм абы жриӀащ: «ФӀыуэ пщӀащ. Уэ сызыщыгугъ хъун уунэӀутыфӀщ! Ӏуэху мащӀэкӀэ сызыщыгугъ хъун цӀыхуу узэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху куэд ныпӀэщӀэслъхьэнущ. КъакӀуи, уи тепщэм и гуфӀэгъуэм къыхыхьэ».


«Теубыдагъэ зивгъэӀэ», жыхуэсӀа унафэр зэрывгъэзэщӀам щхьэкӀэ дунейм тет псоми ялъагъуну гузэвэгъуэ сыхьэтым фыщысхъумэнущ. А гузэвэгъуэ сыхьэтыр, дунейм тет цӀыхухэм я щыпкъагъэр игъэунэхун щхьэкӀэ, къэсынущ.


Гугъуехьу фшэчынухэм фащымышынэ. Мыр нывжызоӀэ, фигъэунэхун щхьэкӀэ шейтӀаным фэ фщыщ гуэрхэр лъэхъуэщым щӀидзэнущ, гузэвэгъум махуипщӀкӀи фыхэтынущ. ЛӀэныгъэм нэсыху фыкъысхуэпэж. Фыкъысхуэпэжмэ, тажу мыкӀуэдыжын гъащӀэр фэстынущ.


ФыкъэдаӀуэ, уафэпшэхэм хэту къэкӀуэжынущ ар, нэ псоми ар ялъагъунущ, и джабэр бжыкӀэ зугъуэнахэми ар ялъагъунущ. Дунейм тет лъэпкъ псори абы щхьэкӀэ гъыурэ, я бгъэгухэм еуэжынущ. Аращ зэрыхъунур. Ӏэмин.


Аращи, игъуэ нэмысауэ, Зиусхьэнри къэмыкӀуэжауэ, Ӏуэху гуэрым хьэкум тевмыщӀыхь. КӀыфӀыгъэм щӀиуфар Зиусхьаным къигъэнэхуэнущ, цӀыхухэм я гум илъри нахуэ къищӀынущ. Тхьэм хэти хуэфащэ щӀыхьыр къритыжынущ абы щыгъуэ.


– Уэ уи ахъшэри уэри фызэдрекӀуэд Тхьэм и тыгъэр къэпщэхуфын къызэрыпфӀэщӀам щхьэкӀэ, – жриӀащ Петр.


Сэ къысхуэлажьэр си ужь кърыреувэ. Къысхуэлажьэр сэ сыздэщыӀэми щыӀэнущ. Къысхуэлажьэм Адэ лъапӀэм щӀыхь хуищӀынущ.


Тхьэ закъуэм къыбгъэдэкӀ щытхъум фымылъыхъуэу, зыр зым фыщытхъужмэ, дауэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъунур?


Фи хьэпшыпхэр фщэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэвгуэш. ТӀорысэ мыхъужын бохъшэхэр вгъэхьэзыр, зыхэмыщӀын мылъку уафэм щызэвгъэгъуэт. ДыгъуакӀуэ лъэпкъ а мылъкушхуэм екӀуэлӀэфынукъым итӀанэ, хъунми яшхынукъым.


– Тепщэм абы жриӀащ: «ФӀыуэ пщӀащ. Уэ сызыщыгугъ хъун уунэӀутыфӀщ. Ӏуэху мащӀэкӀэ сызыщыгугъ хъун цӀыхуу узэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху куэд ныпӀэщӀэслъхьэнущ. КъакӀуи, уи тепщэм и гуфӀэгъуэм къыхыхьэ».


– Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм ахърэтым щӀыхьышхуэ щиӀэу и тахътэм щытетӀысхьэкӀэ, фэ, си ужь къиувахэр, тахътэ пщыкӀутӀым фытетӀысхьэнурэ, Израил и унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым хьэкум* ятефщӀыхьынущ.


Аращи, бей фыхъун щхьэкӀэ, мафӀэкӀэ гъэкъэбзэжа дыщэ си деж щыфщэхуну чэнджэщ фызот. ФызэрыпцӀанэщи, фымыукӀытэн щхьэкӀэ, щыгъын хужьхэри къэфщэху. Фи нэхэми ялъагъун щхьэкӀэ, ящыфхуэну дагъэри къэфщэху.


Сэ, Симон Петр, мы тхылъыр сотх. Сэ Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, абы сриапостолщ. Ди Тхьэуэ дыкъезыгъэлыр Хьисэ Мэссихьщ. Абы и захуагъэщ зыми пэпщӀ мыхъун фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуар, апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэращ мы тхылъыр зыхуэстхыр.


ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ фэркӀэ а мывэр лъапӀэщ. Ауэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэмкӀэ «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ»,


ФӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ фыкъехъумэ, фымыкӀуэду фыкъызэрыригъэлар дунейм иужьрей махуэхэм нахуэ къэхъун щхьэкӀэ.


Журт пэжу щытыр зигукӀэ журту щытыр арщ. Сунэт пэжу щытыр сунэту гум илъыр арщ. Ар къызыхэкӀыр тхар аракъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ. Апхуэдэ цӀыхум и щӀыхьыр цӀыхум деж къикӀыркъым, атӀэ Тхьэм дежщ къыздикӀыр.


Зиусхьэныращ сыкъэзыхъумэ абрэмывэ быдапӀэу сиӀэр, бийхэм саӀэщӀэзыхыр, си Тхьэр – си къуршу щхьэегъэзыпӀэу сиӀэр, си мэӀур, сыкъезыгъэл гуащӀэшхуэр, си щтапӀэр.


– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщылъэгъуэжыну махуэм дежи Ӏуэхухэр апхуэдабзэу щытынущ.


Ауэ Тхьэм фӀы зыщӀэ дэтхэнэми щӀыхьи, лъытэныгъи, гузэгъэгъуи къылъигъэӀэсынущ, япэщӀыкӀэ журтым, итӀанэ мыжуртым.


Тхьэм къигъэщӀа псори гузавэу поплъэ абы. Зыпэплъэр Тхьэм езым и бынхэм а щӀыхьышхуэр яӀэ зэригъэхъур езым къигъэщӀа псоми къащригъэлъагъуну махуэр арщ.


Аращи, фи цей къуакӀэ дэупщӀауэ, фигукӀэ хьэзыру фыщыт. ЗышыӀэныгъэ зивгъэӀэ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм Тхьэм и нэфӀыр къызэрыфщыхуэным куэду фыщыгугъыурэ фыпэплъэ.


Мэссихь ишэча гугъуехьхэмкӀэ Ӏыхьэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ фыгуфӀэ, Мэссихь щӀыхьышхуэ иӀэу къыщылъэгъуэну махуэм гуфӀэгъуэшхуэ фиӀэнущи.


Члисэ зэхуэсым и нэхъыжь къыфхэтхэм сыныволъэӀу. Сэри члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ. Мэссихь ишэча гугъуехьхэм сращыхьэтщ, Мэссихь и щӀыхьышхуэ къэкӀуэнумкӀи Ӏыхьэ сиӀэнущ. СызэрынывэлъэӀур мыращ:


Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, абыхэм фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ, лажьэ зыри фимыӀэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу икӀи гузэгъэгъуэ фиӀэу Тхьэм и пащхьэм фызэрихьэным и ужь фит.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ