6 Аращи, гугъуехь зэмылӀэужьыгъуэхэр зымащӀэкӀэ зэрыфшэчыр иджыпстукӀэ фигу къеуэми, фогуфӀэ.
Си къуэшхэ, фи фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэр зыгъэунэху гугъуехь зэхуэмыдэхэм фыхуэзэмэ, ар гуфӀэгъуэу флъытэ,
НэфӀ щыхуэныгъэ псори зиӀэ Тхьэм езым и щӀыхьышхуэу мыкӀуэдыжынумкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуриджащ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ. Зы мащӀэкӀэ гугъуехь фшэча нэужь, езы Тхьэм фыкъызэфӀигъэувэжынущ, фигухэр игъэбыдэнурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкӀуэтыжу быдэу фытригъэтынущ.
Фызыщыгугъыу фызыпэплъэ Ӏуэхугъуэхэм фащыгуфӀыкӀ. Гугъуехь фрихьэлӀэмэ, зыхуэвгъэщэч. Тхьэм фелъэӀу зэпыт.
Мэссихьщ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэну гъуэгу къытхузэӀузыхар. Тхьэм и нэфӀыр къытлъигъэс зэпытщ, езым и щӀыхьышхуэмкӀи къытлъысыну Ӏыхьэм дыщыгугъыурэ дызэрыпэплъэм щхьэкӀэ догуфӀэ.
Фытхъэ, хуабжьу фыгуфӀэ, Тхьэм уафэм ӀыхьэфӀу къыщыфхуигъэфэщэнур инщи. Фэ фяпэкӀэ бегъымбархэми гугъуехь ирагъэшэчу щытащ апхуэдэу.
– Мы Ӏуэхухэр сэ щӀывжесӀар сэ фи псэм сызэрыщыщым папщӀэ гузэгъэгъуэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ. Дунейм гугъуехь щыфшэчынущ, ауэ фымыдзыхэ: сэ дунейм сытекӀуащ.
Апхуэдэу, фэри гукъеяуэ фиӀэщ иджы, ауэ сэ аргуэру фыслъагъужынущ. Абы щыгъуэ фэри фыгуфӀэжынущ, фи гуфӀэгъуэри зыми фтрихыжынукъым.
Сэ сызыгъэбий хьилэшыхэр си насыпыншагъэ щремыгуфӀыкӀ, сыхьэкъыншэу си жагъуэгъухэр си тхьэмыщкӀагъэм иремыгъэгуфӀэ.
– ЦӀыху ешаелӀа, хьэлъэ уэндэгъу зытелъ псори, си деж фыкъакӀуэ, гузэгъэгъуэ фэстынущи.
ДымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлыну къудейркъым – ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь Тхьэм дыщегъэгуфӀыкӀ. Мэссихьщ Тхьэм дезыгъэкӀужар.
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр а къалэхэм щагъэгушхуэри, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум темыкӀыну быдэу хуагъэуващ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* гугъуехь тшэчурэ дыщӀыхьэн хуейщ, – жраӀащ абыхэм.
Ауэ жин бзаджэхэр фи ӀэмыщӀэ зэрилъым щхьэкӀэ фымыгуфӀэу, фи цӀэхэр уафэм щыӀэ тхылъым зэритым щхьэкӀэ фыгуфӀэ.
Ауэ щыӀэ псоми я кӀэухыр къэблэгъащ. Аращи, Тхьэм фелъэӀуфын щхьэкӀэ, зэхэщӀыкӀи зышыӀэныгъи зивгъэӀэ.
Зиусхьэным уэрэдыщӀэ хужыфӀэ; хужыфӀэ уэрэд зэрыщӀыгуу Зиусхьэным!
Фынэщхъей, фыгъ икӀи фыпыхьэ. Фи дыхьэшхыныр гъынкӀэ, фи гуфӀэгъуэми нэщхъеягъуэкӀэ зрехъуэж.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы гузэвэгъуэ мащӀэу икӀи кӀэщӀу дызыхэтым фӀыуэ къыпэкӀуэр гузэвэгъуэу дызыхэтым хуумыгъэдэфыну мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр арщ.
Къуэш тхьэмыщкӀэр Тхьэм зэриӀэтамкӀэ ирегуфӀэ.
Сунэт ипэжыпӀэкӀэ ящӀар дэращ, – дэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм хуэлажьэу, Мэссихь Хьисэ ирипагэу, пкъым епха Ӏуэхухэм ящымыгугъхэр.
дигу хагъэщӀ, ауэ сыт щыгъуи догуфӀэ; дэ дытхьэмыщкӀэщ, ауэ цӀыху куэд бей дощӀ; зыри димыӀэу къащохъу, ауэ псори ди Ӏэ илъщ.
Ди лъэужьми Зиусхьэным и лъэужьми фрикӀуэу щытащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гузэвэгъуэшхуэм фыхэту щыта пэтми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьа гуфӀэгъуэмкӀэ Тхьэм и псалъэхэр фщтащ.
Фэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщхэр, сыт щыгъуи фыгуфӀэ. Иджыри зэ нывжызоӀэ, фыгуфӀэ.
Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фӀыхэр мыращ: ФӀылъагъуныгъэр, гуфӀэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыӀэныгъэр, фӀыгъуэр, гущӀэгъуныгъэр, фӀэщхъуныгъэр,
Сэ жыхуэсӀэр мыращ: ГухэщӀышхуэрэ зэпымыужын гукъеуэрэ сиӀэщ.
Сыту жыпӀэмэ Уэращ гъащӀэм и къэкӀуапӀэр; Уэ уи нэхунэм щыдолъагъу дэ нэхугъэ.
ГущӀэгъу къысхуэщӀ, Зиусхьэн; сызылъагъу мыхъухэм къину сагъэшэчым къеплъ Уэ, лӀэныгъэм и куэбжэм сыкъызыӀушыжыр,
Фэ псори филъагъужыну ину щӀохъуэпс, зэрысымаджэр зэрызэхэфхам щхьэкӀи езыр мэгузавэ.
Ауэ мелыӀычым къажриӀащ: – Фымышынэ, ауэ фыкъэдаӀуэ! Фи лъэпкъ псом щхьэкӀэ хъыбар гуфӀэгъуэшхуэ къыфхуэсӀуэтэнущ:
СымыкӀуэду сыкъезыгъэл Тхьэм ину сыщогуфӀыкӀ,
Хьисэ Петррэ Зеведей и къуитӀымрэ здишэу кӀуа нэужь, нэщхъейуэ, гузавэу щӀидзащ.
Тхьэр апхуэдэу хуеймэ, фӀы зэрыфщӀэм щхьэкӀэ гугъуехь фшэчыныр нэхъыфӀщ, бзаджэ щӀэным щхьэкӀэ гугъуехь фшэчыным нэхърэ.