23 щӀэрыщӀэу фыкъалъхужащи. ЩӀэрыщӀэу фыкъызэралъхужар кӀуэдыжыну жылэкъым, атӀэ мыкӀуэдыжын жылэщ. А жылэр гъащӀэ къызыхэкӀыу, Тхьэм и псалъэу игъащӀэкӀэ зызымыхъуэжынуращ.
Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьисэ лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ, Тхьэм гущӀэгъушхуэ къытхуищӀу щӀэрыщӀэу дыкъалъхужа дищӀащ. Апхуэдэу мыкӀуэдыжын гугъапӀэ диӀэ хъуащ,
Тхьэм и псалъэхэм гъащӀэшхуэмрэ лъэкӀыныгъэшхуэмрэ яхэлъщ. Ахэр Тхьэм и бгъуитӀымкӀэ джатэ жанэм нэхърэ нэхъ жаныжщ. Псэри, гури, къупщхьэри, куцӀри зэхагъэкӀыу цӀыхум и гущӀэлъапсэм нэсыху пхрокӀ. ЦӀыхум и гупсысэхэри и мурадхэри зэхаху.
– Пэж дыдэр бжызоӀэ, цӀыху гуэрми, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр илъагъун лъэкӀынукъым, – жиӀащ Хьисэ.
Ахэр Тхьэм и бын зэрыхъуа щӀыкӀэр бын къызэралъху щӀыкӀэм хуэдэукъым. Ахэр Тхьэм и бын зэрыхъуар цӀыхухъур цӀыхубзым зэрехъуапсэм, е лӀыр бын зэрыхуейм щхьэкӀэкъым, атӀэ Тхьэм бын хуэхъуныр къызыбгъэдэкӀар езы Тхьэр арщ.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ къезытыр. Си пкъыр фэзгъэшхын щхьэкӀэкъым ар щӀыжысӀэр. Ар сэбэп хъужынукъым. НывжесӀа псалъэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ ящӀ.
Тхьэм и бын хъуам гуэныхь щӀэным пэӀэщӀэ зэрызищӀар дощӀэ; Тхьэм и быныр зыхуосакъыж, шейтӀанри абы еӀусэнукъым.
Езыр хуеяти, щыпкъагъэм и псалъэхэмкӀэ езым и бын дигъэхъуащ, езым къигъэхъуа псоми ящыщу япэ дитын щхьэкӀэ.
– Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, – жэуап итыжащ Хьисэ, – псымрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къахэкӀыу, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн лъэкӀынукъым цӀыхум.
Уафэмрэ щӀылъэмрэ кӀуэдыжынущ, ауэ си псалъэхэр кӀуэдыжынукъым.
Хэти, Тхьэм и бынмэ, гуэныхь щӀэным пэӀэщӀэ зищӀынущ, Тхьэм абы игу кърилъхьар езым и Псэ ЛъапӀэр арщ икӀи ар Тхьэм и быным и гум сыт щыгъуи илъынущи. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм гуэныхь ищӀэн зэрылъэмыкӀым къыхэкӀэкӀэ Тхьэм и бынми гуэныхь щӀэным пэӀэщӀэ зимыщӀын лъэкӀынукъым.
Ауэ Тхьэм и псалъэхэр мыкӀуэдыжу игъащӀэкӀэ къонэ». А псалъэхэращ Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм къыфхуаӀуэтар.
Тхьэм а Псалъэм псори къригъэгъэщӀащ. Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ а Псалъэм къримыгъэгъэщӀауэ зыри щыӀэкъым.
ЦӀыхухэм щӀыхьышхуэ зиӀэ Тхьэуэ мыкӀуэдыжынур ямыгъэлъапӀэу щытащ. Тхьэм хуагъадэу, езыхэм я ӀэкӀэ ящӀа тхьэ нэпцӀхэр Тхьэм и пӀэкӀэ ягъэлъэпӀащ цӀыхухэм. А тхьэ нэпцӀхэр къуалэбзухэм, лъакъуиплӀкӀэ зекӀуэхэм, ныбэгукӀэ къэзыпщхьхэм яхуэдэу щытащ.
– Ущие хъыбарым къикӀыр мыращ: Жылэр Тхьэм и псалъэрщ.