4 Ауэ лъы зыхэлъ лы фымышх, ар абы и псэращи.
Ауэ цӀыхухэм тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм и лым, зинэ щӀэным, ятхьэла псэущхьэхэм я лым, лъым пэӀэщӀэ защӀыну, езыхэм къращӀэну зыхуэмейр нэгъуэщӀхэм ирамыщӀэнуи дэ яхуэттхын хуейщ;
ЦӀыхухэм тхьэ нэпцӀхэм хуаукӀа къурмэныпхъэм и лым, лъым, ятхьэла псэущхьэхэм я лым, зинэ щӀэным пэӀэщӀэ зыфщӀ. Фэ къыващӀэну фызыхуэмейр нэгъуэщӀхэм евмыщӀэ! А Ӏуэхухэм пэӀэщӀэ зыфщӀымэ, фӀы фощӀэ. Узыншэу фыщыт!»
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къигъэщӀа псори фӀыщ. Тхьэм фӀыщӀэ хуэпщӀурэ къабыл пщӀымэ, зыри хэбдзыж хъунукъым.
Аращи, дэ дызэхуэсри, цӀыху гуэрхэр хэтхыу, дэ фӀыуэ тлъагъу Варнавэрэ Паулрэ я гъусэу ныфхуэдгъэкӀуэну дызэгурыӀуащ.