Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Мусэ 9:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 – Къыфщышынэнущ икӀи къыфхуэкӀэзызынущ щӀылъэм тет хьэкӀэкхъуэкӀэ псори, уэгум ит къуалэбзу псори, щӀылъэм щызекӀуэ псори, хым хэс бдзэжьей псори; фи ӀэмыщӀэ ихуащ ахэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Мусэ 9:2
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сыт хуэдэ хьэкӀэкхъуэкӀэри, къуалэбзури, хьэпщхупщхэри, псым хэс псэущхьэри цӀыхухэм ягъэӀэсэ икӀи ягъэӀэсащ,


И нэфӀ ящыхуэщ абыхэми Тхьэм, яжриӀащ: – Фылъхуэ-фыпӀэ, фыбагъуэ, щӀылъэм тез фыхъуи, ар къэвгъэӀурыщӀэ, тепщэ фахуэхъу хым хэс бдзэжьейхэми, уэгум щызелъатэ псоми, щӀылъэм тет псэущхьэ псоми.


ИтӀанэ ежьащ ахэр. Тхьэм и шынагъуэм Ӏэгъуэблагъэм щыӀэ къалэхэм дэсхэм зэщӀищтати, зыри кӀэлъыпхъэракъым Екъуб и къуэхэм.


Зиусхьэну Тхьэм къыхигъэхъукӀащ ятӀэм губгъуэ псэущхьэ псори, уэгу къуалэбзу псори, икӀи къыхуишащ цӀыхум, абыхэм цӀэ зэрафӀищыр илъагъун папщӀэ, икӀи дэтхэнэ псэ зыпытми цӀыхум цӀэуэ фӀищар абы цӀэ хуэхъун щхьэкӀэ.


КъигъэщӀащ Тхьэм апхуэдэу бдзэшхуэхэри, псым хэс нэгъуэщӀ псэущхьэ зэмылӀэужьыгъуэхэри, къуалэбзу зэмылӀэужьыгъуэхэри. Илъэгъуащ Тхьэм ар зэрыфӀыр.


Тхьэм и нэфӀ Нухьрэ абы и къуэхэмрэ ящыхуэри, яжриӀащ абыхэм: – Фылъхуэ-фыпӀэ, фыбагъуэ, щӀылъэм тез фыхъу.


Псэууэ зекӀуэ псори фхуэхъунущ шхын; удз щхъуантӀэр зэрывэстам хуэдэу фызот ахэр фэ.


ЖиӀащ Тхьэм: – КъэдгъэщӀынщ цӀыхур Ди теплъэу, Дэ тхуэдэу; яхурехъу ахэр тепщэ хым хэс бдзэжьейхэми, уэгум щызелъатэ псоми, Ӏэщми, щӀылъэ псоми, щӀылъэм къыщызыпщыхь хьэпщхупщ лъэпкъыгъуэ псоми.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ