9 – Ахэр си къуэхэрщ, Тхьэм мыбдежым къыщызитахэрщ, – жриӀащ Исуф и адэм. – Къызбгъэдэшэ ахэри, – жиӀащ Екъуб, – си нэфӀ абыхэм ящызгъэхуэнущ.
Шхыныгъуэу сэ фӀыуэ слъагъур схуэгъэхьэзыри, къысхуэхь сшхыну, сылӀэн и пэ си нэфӀ къыпщызгъэхуэн папщӀэ.
Эсау къаплъэри, фызхэри сабийхэри къыщилъагъум, жиӀащ: – Хэт мы уи гъусэхэр? – Тхьэм и гущӀэгъукӀэ уи унэӀутым кърита бынхэрщ, – жиӀащ Екъуб.
Екъуби фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, лӀэн щыхъум, Исуф и къуэхэм ящыщ дэтхэнэми Тхьэм и нэфӀ къызэрыщыхуэнур жриӀащ икӀи и башым зытригъащӀэурэ, Тхьэм щӀыхь хуищӀащ.
Уи фыз, бжьалэу зыпызым хуэдэу, уи унэ исынщ; зейтун къудамэ хуэдэ, уи къуэхэр уи Ӏэнэм пэрысынщ.
Мис Израил и лӀакъуэ пщыкӀутӀыр зэрыщыту; мис абыхэм я адэм къажриӀари; и нэфӀ ящигъэхуащ абыхэм, къалъигъэсащ и нэфӀ щыхуэныгъэр, щхьэж езым ейр.
Екъуб Рахэл хуэгубжьри, жиӀащ: – Сэ сыхъуа уи кӀуэцӀым зыри ирезымыгъащӀэ Тхьэ?