Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Мусэ 48:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 КъызжиӀащ абы: «Сэ узгъэбэгъуэнущ уэ, ухэзгъэхъуэнущ уэ, икӀи къыптезгъэхъукӀынущ уэ лъэпкъ куэдыр, естынущ мы щӀыналъэр уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэм, игъащӀэкӀэ я унейуэ яӀэну».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Мусэ 48:4
20 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фэстынущ уэри уэ лъэпкъ къыптехъукӀынухэми щӀыналъэу уэ хамэу узыщыпсэур, Ханаан щӀыналъэ псори зэрыщыту, игъащӀэкӀэ фэ фи унейуэ щытыну; икӀи сахуэхъунущ абыхэм Тхьэ.


АдэкӀи къыжриӀащ Тхьэм абы: – Псори зыхузэфӀэкӀ Тхьэр Сэращ; багъуэ икӀи хэхъуэ; лъэпкъ икӀи лъэпкъ куэд дыдэ къыптехъукӀынущ уэ, пащтыхьхэри къыптехъукӀынущ.


Щыпсэурт Израил Мысыр щӀыналъэм, Гощэн щӀыгум, телэжьыхьырт а щӀыгум; багъуэурэ, ар лъэпкъышхуэ хъуащ.


– Сэрщ Тхьэр, уи адэм и Тхьэр, – жиӀащ Тхьэм. – Умышынэ Мысырым укӀуэн; абдежым уэ къыщыптезгъэхъукӀынущ лъэпкъ ин дыдэ.


Уэракъэ къызжезыӀар: «Сэ фӀыгъуэ пхуэсщӀэнущ, сщӀынущ уэ къыптехъукӀыну бынхэр куэд, пхуэмыбжу хы пшахъуэм хуэдиз».


Псори зыхузэфӀэкӀ Тхьэм и нэфӀ къыпщрехуэ. Урегъэбагъуэ икӀи ухрегъахъуэ, къыптрехъукӀ уэ цӀыху лъэпкъ куэдыр;


Згъэбэгъуэнущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр уафэм ис вагъуэхэм я бжыгъэм хуэдизу, естынущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэм мы щӀыналъэ псори; уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэм я хьэтыркӀэ дунейм и лъэпкъ псоми си нэфӀ ящыхуэнущ.


Си нэфӀ ныпщыхуэнущ, уэ къыптехъукӀыну бынхэри згъэбэгъуэнущ, уафэм ит вагъуэхэмрэ хы Ӏуфэм Ӏулъ пшахъуэмрэ я бжыгъэм хуэдизу; икӀи къаӀэщӀыхьэнущ уэ къыптехъукӀыну бынхэм я бийхэм я къалэхэр.


– Ӏэмал имыӀэу сунэт фщӀын хуейщ уи унэм къыщалъхуари, уи дыжьынкӀэ къэпщэхуари. Апхуэдэу зэгурыӀуэныгъэу Сэрэ фэрэ дяку дэслъхьа мыкӀуэдыжын зэгурыӀуэныгъэм и дамыгъэ фи пкъым телъынущ.


ИтӀанэ Сэ къыптезгъэхъукӀынущ лъэпкъ ин дыдэ, си нэфӀ пщыхуэнущ, уи цӀэри згъэлъэгэнущ; Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр зыбгъэдэкӀынури уэращ!


Уи фыз, бжьалэу зыпызым хуэдэу, уи унэ исынщ; зейтун къудамэ хуэдэ, уи къуэхэр уи Ӏэнэм пэрысынщ.


– ИкъукӀэ узгъэбэгъуэнущ, къыптезгъэхъукӀынущ уэ лъэпкъхэр, пащтыхьхэри къыптехъукӀынущ уэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ