Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Мусэ 47:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 Екъуб фирхьэуным жриӀащ: – Сэ дунейм сызэрытетрэ мэхъу илъэсищэрэ щэщӀрэ; мащӀэщ икӀи насыпыншэщ си гъащӀэ махуэхэр, нэсакъым ахэр си адэхэм къапсэуа гъащӀэм.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Мусэ 47:9
29 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Уи гущӀэгъум сыхыумын, Зиусхьэн; уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ щыпкъагъэу къысхууиӀэмрэ сыт щыгъуи сакъегъэхъумэ.


Хъурт Исхьэкъ и ныбжьыр илъэсищэрэ ищӀрэ.


Зиусхьэным щыгугъ цӀыхур насыпыфӀэщ – пагагъэм, нэпцӀым захуэзымыгъазэ цӀыхур.


Исуф лӀащ илъэсищэрэ пщӀырэ хъуауэ. Абы балзам щахуэри, Мысырым щыдалъхьащ бэным.


ФӀыуэ слъагъухэ, фэ, хамэу икӀи мы дунейм хэхэсу щыпсэухэм, хъуэпсэныгъэ Ӏейуэ фи псэхэм къыпэувхэм пэӀэщӀэ зыфщӀыну сыныволъэӀу.


Ауэ щыхъукӀи, пщэдей къэхъунур фщӀэркъым. Фи гъащӀэр сыт хуэдэ? Зы тӀэкӀурэ къэлъагъуэу, итӀанэ кӀуэдыж бахъэм фыхуэдэщ.


Щыпсэуащ Екъуб Мысыр щӀыналъэм илъэс пщыкӀублкӀэ; хъурт Екъуб и махуэхэр, абы и гъащӀэ махуэхэр, илъэсищэрэ плӀыщӀрэ блырэ.


Арпахшад къыхуалъхуа нэужь, Шем псэужащ илъэс щитхукӀэ, нэгъуэщӀ къуэхэри пхъухэри къыхуалъхуащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыбдежым мыкӀуэдыжын къалэ щыдиӀэкъым, ауэ къэунэхуну къалэм дыпоплъэ.


Матущэлахъ къигъэщӀащ илъэс щибгъурэ хыщӀрэ бгъурэ; итӀанэ ари лӀащ.


Аращи, сыт щыгъуи догушхуэ икӀи пкъым дыщыпсэуху, Зиусхьэным дызэрыпэжыжьэр дощӀэ.


Фирхьэуным Екъуб жриӀащ: – Сыт уи ныбжь?


Сыту жыпӀэмэ гъунэ зимыӀэ тхьэмыщкӀагъэм сыхэхуащ сэ; сяпэ ищащ бзаджагъэ къызэзыщӀэхэр, сыплъэн слъэмыкӀыу сащӀащ; щхьэц налъэу стетым нэхърэ нэхъыбэщ ахэр; сигуми сыкъибгынащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ