3 ЯжриӀащ Исуф и къуэшхэм: – Сэ сы-Исуфщ, псэууэ пӀэрэ иджыри си адэр? Ауэ и къуэшхэм жэуап къратыфыртэкъым, апхуэдизкӀэ шынати;
И къуэшхэр Мысырым етӀуанэу къыщыкӀуэм, Исуф закъригъэцӀыхужащ. Фирхьэунми Исуф и унагъуэр зригъэцӀыхуащ.
– Уэ ухэт, Зиусхьэн? – жиӀащ Щаул. – Хьисэ гугъу ебгъэхьыр сэращ, – жиӀаш абы, – выр зейм и баш кӀыхь папцӀэм выр къызэрелъэкъуауэм хуэдэу пщӀымэ, уи щхьэм лей ибохыж.
ФыкъэдаӀуэ, уафэпшэхэм хэту къэкӀуэжынущ ар, нэ псоми ар ялъагъунущ, и джабэр бжыкӀэ зугъуэнахэми ар ялъагъунущ. Дунейм тет лъэпкъ псори абы щхьэкӀэ гъыурэ, я бгъэгухэм еуэжынущ. Аращ зэрыхъунур. Ӏэмин.
Ар щилъагъум, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, Симон Петр жиӀащ: – ЗбгъэдэкӀ, Зиусхьэн, сэ сыцӀыху гуэныхьщӀакӀуэщ.
ар зылъэгъуа псори хуабжьу шынати. Хьисэ къэпсалъэри, абыхэм къажриӀащ асыхьэтым: – Фымыдзыхэ, сэращ ар, фымышынэ!
ДыкӀуэнщи, иджы дукӀынщ ар, иддзэнщ ар псыр зэрыгъукӀа мащэ гуэрми, жытӀэнщ хьэкӀэкхъуэкӀэ бзаджэм ишхауэ; итӀанэ деплъынщ абы и пщӀыхьхэм къикӀым.
ЖаӀэрт абыхэм мыпхуэдэу: – ИпэжыпӀэкӀэ, дэ допшыныж ди къуэшым етщӀэгъа гуэныхьыр. Дэ тлъагъурт абы и псэм телъ хьэзабыр, ар дэ къыщыдэлъэӀум, ауэ дедэӀуакъым. Абы папщӀэ къытлъысащ мы тхьэмыщкӀагъэр.
Рубэн абыхэм яжриӀащ: – ВжесӀатэкъэ сэ «НыбжьыщӀэм и гуэныхь къэвмыхь» жысӀэри? Ауэ фэ фыдэӀуакъым; иджы абы и лъыр дагъэпшыныж.
Абыхэм я узыншагъэм щӀэупщӀэри, жиӀащ Исуф: – Узыншэ зи хъыбар къысхуэфӀуэта фи адэ лӀыжьыр? Псэу ар иджыри?