3 Исуф и къуэшипщӀыр кӀуащ Мысырым, гъавэ къыщащэхуну.
– Дэ, уи унэӀутхэр, зэкъуэш пщыкӀутӀ дохъу, – жаӀащ абыхэм – дэ Ханаан щӀыналъэм щыщ зы лӀым дрикъуэщ, нэхъыщӀэр ди адэм и гъусэщ, ауэ зыр щыӀэжкъым.
КъэкӀуащ Израил и къуэхэр гъавэ ящэхуну, адрей къэкӀуахэм ящӀыгъуу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ханаан щӀыналъэм щыгъаблэт.
АдэкӀэ пищащ: – Сэ зэхэсхащ Мысырым гъавэ щыӀэу; абы фыкӀуи, къыщытхуэфщэху гъавэ, шхын щхьэкӀэ дымылӀэн папщӀэ.
Ауэ Биниамин, Исуф и къуэшыр, игъэкӀуакъым Екъуб, зэкъуэшхэм я гъусэу; къыщымыщӀащэрэт зыгуэр, жери.