4 Щхьэхъумэхэм я Ӏэтащхьэм ахэр Исуф и пщэ ирилъхьати, ар хуэӀуэхутхьэбзащӀэрт абыхэм. Исащ ахэр хьэпсым зэман зыбжанэкӀэ.
Сыту жыпӀэмэ си бзаджэщӀагъэхэр къызолъэгэкӀ, хьэлъащэ къыстехъуащ;
Исуф яшащ Мысырым; ар абы зыша исмэхьил цӀыхухэм я деж Исуф щищэхуащ Мысырым щыщ цӀыху Потифар, фирхьэуным и блыгущӀэтым, фирхьэуным и щхьэхъумэхэм я Ӏэтащхьэм.
Мидиам цӀыхухэм Мысырым щращащ Исуф Потифар, фирхьэуным и блыгущӀэтхэм щыщым, фирхьэуным и щхьэхъумэхэм я Ӏэтащхьэм.
Иритащ ахэр щхьэхъумэхэм я Ӏэтащхьэм, Исуф зрадза хьэпсым.
Хьэпсым ирадзахэм, мысыр фирхьэуным и фадэзехьэмрэ и щӀакхъуэгъажъэмрэ, зэгуэрым ялъэгъуащ пщӀыхьэпӀэхэр, щхьэж езым и пщӀыхьэпӀэ, тӀуми зы жэщым, щхьэж и пщӀыхьэпӀэм къикӀыр щхьэхуэу.
ИкӀи яритащ ахэр хъумакӀуэхэм махуищ пӀалъэкӀэ.