3 Иритащ ахэр щхьэхъумэхэм я Ӏэтащхьэм, Исуф зрадза хьэпсым.
Зиусхьэным Исуф иригъэубыдри, щӀригъэдзащ ар хьэпсым, фирхьэуным и гъэрхэр здэщыӀэм. Арати, къихутащ Исуф хьэпсым.
Хьэпсым и тетыр уеблэмэ зыми кӀэлъыплъыртэкъым, абы сыт и ӀэмыщӀэм илъми; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэныр Исуф и гъусэти, абы сыт илэжьми, псори къригъэхъулӀэрт.
Исуф яшащ Мысырым; ар абы зыша исмэхьил цӀыхухэм я деж Исуф щищэхуащ Мысырым щыщ цӀыху Потифар, фирхьэуным и блыгущӀэтым, фирхьэуным и щхьэхъумэхэм я Ӏэтащхьэм.
Арати, хьэпсым и тетым ирилъхьащ Исуф и ӀэмыщӀэм хьэпсым ис псори, икӀи абдежым сыт щащӀэми, ар щыунафэщӀт.
Щхьэхъумэхэм я Ӏэтащхьэм ахэр Исуф и пщэ ирилъхьати, ар хуэӀуэхутхьэбзащӀэрт абыхэм. Исащ ахэр хьэпсым зэман зыбжанэкӀэ.
Зэгуэрым фирхьэуныр и унэӀутхэм къытхуэгубжьри, дыщӀригъэдзат сэри щӀакъуэгъажьэ нэхъыщхьэри хьэпсым.