16 Къаин Зиусхьэным и пащхьэм икӀыжри Нод щӀыналъэм итӀысхьащ – Ӏэдэн уикӀмэ, къуэкӀыпӀэмкӀэ щыӀэм.
Аращи, Уэ иджы сытыбоху щӀылъэм, Уи нэгуми зыщӀэзмыгъэхуэну зызогъэпщкӀу, сыхъунущ сэ егъэзыпӀэншэ икӀи щӀылъэм къыщызыджэ дыхь; къысхуэзэ дэтхэнэми сиукӀынущ.
Къызэхахащ махуэм и щӀыӀэтыӀэгъуэм жыг хадэм къыщызыкӀухь Зиусхьэну Тхьэм и макъыр; икӀи зыщагъэпщкӀуащ Ӏэдэми абы и фызми Зиусхьэну Тхьэм и нэплъэгъуэм, жыг зэхуакухэм зыдадзэри.
екӀуу дызэревгъэблэгъари, гъащӀэ зиӀэ Тхьэ щыпкъэм фыхуэлэжьэн щхьэкӀэ, тхьэ нэпцӀхэм фи щӀыбагъыр зэрыхуэвгъэзари абыхэми яӀуэтэж.
А Псалъэр дунейм къытехьащ. Тхьэм а Псалъэм дуней псори къригъэгъэщӀащ, апхуэдэу щыт пэтми, дунейм и цӀыхухэм ар къацӀыхужакъым.
Тхьэм а Псалъэм псори къригъэгъэщӀащ. Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ а Псалъэм къримыгъэгъэщӀауэ зыри щыӀэкъым.
– Абы щыгъуэ жефӀэу щӀэвдзэнущ: «Уи гъусэу дешхат икӀи дефат; ди къалэм и уэрамхэм Тхьэм и псалъэхэр щыдбгъэщӀауэ щытат».
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ си цӀэкӀэ цӀыхуитӀ е цӀыхуищ щызэхуэскӀэ, сэри абыхэм сахэтщи.
Ди Тхьэ, сыкъегъэл сымыкӀуэду – псыр си къурмэкъейм къыщӀэуащи.
Я къуаншагъэм ирехьыж ахэр, си Тхьэ, я гухэлъ бзаджэхэм трекӀуэдэж; гуэныхьу ящӀар бэщ, зыкъыпхуаӀэтащи, уи пащхьэ иумыгъэт ахэр.
Къаин екӀуэлӀащ и фызым, ар лъэщыджэ хъури, Хъанох къилъхуащ. Къаин иухуащ къалэ; къалэм фӀищащ езым и къуэм и цӀэр: Хъанох.