Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Мусэ 39:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Арати, къилъэгъуащ абы и тепщэм Зиусхьэныр абы зэригъусэр, абы сыт ищӀэми, Зиусхьэным ар къызэрыригъэхъулӀэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Мусэ 39:3
28 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ПсыжапӀэм щыхаса жыгым хуэдэщ ар, къыпыкӀэр и пӀалъэм хъууэ, и тхьэмпи мыгъуалэу; сыт хуэдэ Ӏуэху ищӀэми, абы къохъулӀэ.


Лабан къыжриӀащ абы: – НэфӀкӀэ укъызэплъмэ, мыр жысӀэну хуит сыщӀ. Сэ джэш дзынымкӀэ зэзгъэщӀащ уи хьэтыркӀэ Зиусхьэным и нэфӀ къызэрысщыхуам.


Аращи, цӀыхухэм я пащхьэм фи нэхур щреблэ, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъуу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм щӀыхь хуащӀын щхьэкӀэ.


А зэманым Абимэлэх, езым и дзэпщ Пихол и гъусэу къакӀуэри, къыжриӀащ Ибрэхьим: – Уэ уи гъусэщ Тхьэр сытым дежи, сыт пщӀэми.


– Дэ нахуэу къэтлъэгъуащ Зиусхьэныр уэ уи гъусэу зэрыщытыр, – жаӀащ абыхэм, – абы къыхэкӀыуи дэ жытӀащ: уэрэ дэрэ тхьэлъанэ зэдэтщӀынщи, дызэгухьэнщ.


ФыкъэдаӀуэ, шейтӀаным и зэхуэсым щыщу, пцӀы зыупсу, журткӀэ зэджэж мыжуртхэр – ахэр сэ къэзгъэкӀуэнурэ, фи пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу щызгъэтӀысынущ, фӀыуэ фызэрыслъагъури ящӀэнущ.


Къилэжьам къыхэкӀауэ Ӏыхьэ гуэр тхьэмахуэм и япэрей махуэ къэс зэхурехьэси, хэти ирегъэтӀылъ. Сэ сынэкӀуа нэужь, зэхуэвмыхьэсын щхьэкӀэ, апхуэдэу фщӀэ.


Хьэпсым и тетыр уеблэмэ зыми кӀэлъыплъыртэкъым, абы сыт и ӀэмыщӀэм илъми; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэныр Исуф и гъусэти, абы сыт илэжьми, псори къригъэхъулӀэрт.


– Си япэкӀэ мащӀэ фӀэкӀа уимыӀамэ, иджы хъуащ куэд; сэ дэнэ сыкӀуами, Зиусхьэным и нэфӀ къыпщигъэхуащ; ауэ сыт щыгъуэ сэ сыщыхуэлэжьэнур си унагъуэм?


А жэщ дыдэм абы Зиусхьэныр къыхуэлъагъуэри, къыжриӀащ: – Сэращ уи адэ Ибрэхьим и Тхьэр; умышынэ, Сэ сыуигъусэщ; сэ си нэфӀ пщыхуэнурэ згъэбэгъуэнущ уэ къыптехъукӀыну бынхэр, Си ӀурыщӀэ Ибрэхьим и хьэтыркӀэ.


Тхьэм къихъумэрт сабийр; арати, ар ин хъуащ; губгъуэ нэщӀым щыпсэун щӀидзащ; къыхэкӀащ абы шабзауэ.


Исуф Зиусхьэным щӀыгъути, абы и Ӏуэхухэр къехъулӀэрт. Щыпсэурт ар и зиусхьэным, мысыр цӀыхум, и унэм.


Тхьэлъанэ къысхуэщӀ иджы ауэ щыхъукӀэ, Тхьэм и цӀэкӀэ, ди жагъуэ къомыщӀыну сэри, си къуэми, си къуэрылъхуми; сэ фӀыуэ сызэрыпхущытам хуэдэу, уэри фӀыуэ укъысхущытыжыну, сэри си щӀыналъэу уэ узыщыхьэщӀэми.


Зиусхьэныр и гъусэти, и фӀыгъэ Исуф къригъэкӀащ, нэфӀкӀэ иригъэплъащ абы хьэпсым и тетыр.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ