Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Мусэ 38:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Иудэ абдежым къыщилъэгъуащ ШыуаӀ зи цӀэ ханаан цӀыху гуэрым и пхъур; ар ищтащ, щӀыхьащ абы деж.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Мусэ 38:2
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

тхьэлъанэ къысхуэщӀ Зиусхьэну уафэми щӀылъэми я ТхьэмкӀэ, сэ сызыхэс Ханаан цӀыхухэм япхъухэм ящыщ си къуэм фызу къызэрыхуумышэнумкӀэ;


ФӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм гъусэ фахуэхъуу зы бжьым фадэщӀэмыувэ. Щыпкъагъэмрэ бзаджагъэмрэ гъусэ дауэ зэхуэхъун? Нэхугъэмрэ кӀыфӀыгъэмрэ сыткӀэ зэпха?


Иудэ и къуэхэр: Ер, Онан, Шэлэ, Пэрэц, Зэрахь; Еррэ Онанрэ щылӀащ Ханаан щӀыналъэм. Пэрэц и къуэхэт Хэцрон, Хъамул.


Ар къилъэгъуащ а щӀыналъэм ипщ хъыу лъэпкъым щыщу Хамор и къуэ Щэхэм, ар иубыдри здигъэгъуэлъащ, леи кърихащ.


А зэманми абы и ужькӀи щӀым тетт цӀыху абрагъуэхэр, Тхьэм и къуэхэр цӀыхухэм япхъухэм я деж щӀыхьэу, ахэр яхуэлъхуэу щыхуа зэманым. Ахэр цӀыху лъэщхэт, ижь-ижьыж лъандэрэ цӀыху щэджащэхэт.


Тхьэм и къуэхэм къалъэгъуащ цӀыхухэм япхъухэр зэрыдахэр, икӀи ящтэрт ахэр я фызхэу, щхьэж къызэрыхихкӀэ.


Илъэгъуащ цӀыхубзым жыг пхъэщхьэмыщхьэр шхыныгъуэкӀэ зэрыфӀыр, ар нэхэм зэрафӀэдахэр икӀи зэрыхъуэпсэгъуэр, щӀэныгъэ къызэрыуитым къыхэкӀкӀэ; къыпичщ абы и пхъэщхьэмыщхьэхэри, ишхащ, илӀми иритри, абыи ишхащ.


Къриджащ Исхьэкъ Екъуб, и нэфӀ щигъэхуащ, унафэуи мыр хуищӀащ: – Къыумышэ ханаан цӀыхубзхэм ящыщ фызу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ