9 Зиусхьэну Тхьэр лӀым еджэри, жриӀащ абы: – Дэнэ ущыӀэ?
– Дэнэ щыӀэ Хьэбэл, уи къуэшыр? – жриӀащ Зиусхьэным Къаин. – СщӀэркъым, – жиӀащ абы, – сэ си къуэшым срихъумакӀуэ?
ЖриӀащ абы: – Хьэджэр, Сарай и унэӀут! Дэнэ укъикӀа, дэни укӀуэрэ? – Сэ си зиусхьэн гуащэ Сарай и пащхьэ сыкъикӀри сыщӀэпхъуэжащ, – жиӀащ абы.
Къехащ итӀанэ Зиусхьэныр, цӀыхум и къуэхэм яухуэ къалэмрэ чэщанэмрэ еплъыну.
– Дэнэ щыӀэ Сарэ, уи фызыр? – къыжраӀащ абыхэм. – Мыбдежым, шэтырым щӀэсщ, – итащ абы жэуап.