4 Шхыныгъуэу сэ фӀыуэ слъагъур схуэгъэхьэзыри, къысхуэхь сшхыну, сылӀэн и пэ си нэфӀ къыпщызгъэхуэн папщӀэ.
Исхьэкъ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм и нэфӀ къэкӀуэну зэманым Екъубрэ Эсаурэ къазэрыщыхуэнур яжриӀащ.
– Ахэр си къуэхэрщ, Тхьэм мыбдежым къыщызитахэрщ, – жриӀащ Исуф и адэм. – Къызбгъэдэшэ ахэри, – жиӀащ Екъуб, – си нэфӀ абыхэм ящызгъэхуэнущ.
Мис Израил и лӀакъуэ пщыкӀутӀыр зэрыщыту; мис абыхэм я адэм къажриӀари; и нэфӀ ящигъэхуащ абыхэм, къалъигъэсащ и нэфӀ щыхуэныгъэр, щхьэж езым ейр.
– Къызэт, сэ сшхынщ губгъуэ псэущхьэм щыщ, си нэфӀ къыпщыхуэн папщӀэ, – жиӀащ Исхьэкъ Екъуб иритри, ар шхащ; къыхуихьащ абы сани, абыи ефащ.
Тхьэм яхуелъэӀуурэ яхэкӀри, уафэм дэкӀуеижащ.
И нэфӀ абыхэм къащыхуэну Симеон Тхьэм елъэӀури, сабийм и анэ Мэрием жриӀащ: – Израил щыщ цӀыху куэд мы сабийм текӀуэдэн, цӀыху куэди мыкӀуэду къригъэлын, икӀи цӀыхухэр зыпэувын нэщэнэу къэнэхуэн щхьэкӀэ, Тхьэм ар къигъэкӀуащ.
«Къысхуэхь губгъуэ псэущхьи, схуэгъэхьэзыр шхыныгъуэ, сэ сышхэнщ, Зиусхьэным и пащхьэ и нэфӀ къыщыпщызгъэхуэн щхьэкӀэ».
Псори зыхузэфӀэкӀ Тхьэм и нэфӀ къыпщрехуэ. Урегъэбагъуэ икӀи ухрегъахъуэ, къыптрехъукӀ уэ цӀыху лъэпкъ куэдыр;
Игъэхьэзыращ абыи шхыныгъуэр, и адэм хуихьри жриӀащ: – Къэтэджи, си адэ, шхы уи къуэм и губгъуэ псэущхьэр, уи нэфӀ сэ къысщыбгъэхуэн папщӀэ.
Екъуб бгъэдыхьэри, и адэм ба хуищӀащ. Абдеж Исхьэкъ къыщӀихьащ абы и щыгъыным и мэр, икӀи и нэфӀ щигъэхуащ абы, мыр жиӀэурэ: – Мис си къуэм и мэр, Зиусхьэным и нэфӀ зыщыхуа губгъуэм и мэм хуэдэр.
КъицӀыхужакъым ар, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы и Ӏэхэр яхуэдэт и къуэш Эсау и Ӏэхэм, цыбэу; арати, и нэфӀ къыщигъэхуэну хэтащ.
Тхьэм и нэфӀ къыщыхуэну хуелъэӀуащ Ребеккэ, мыр жраӀэри: – Ди шыпхъу! КъыптрехъукӀ уэ минурэ минхэр, къаӀэщӀрехьэ уэ къыптехъукӀыну бынхэм я бийхэм я лъапсэхэр!
Ар Тхьэм хуелъэӀури и нэфӀ къыщыхуэну жиӀащ: – Тхьэуэ я нэхъ Лъагэу, уафэмрэ щӀылъэмрэ КъэзыгъэщӀам, Ибрам и нэфӀ щрехуэ;
Ребеккэ зэхихащ Исхьэкъ езым и къуэ Эсау жриӀар. Арати, псэущхьэ къищэкӀуу къихьыну Эсау губгъуэм щыкӀуэм,
Ӏэхъушэм кӀуэи, къысхуэхь хэплъыхьауэ чыцӀ цӀыкӀуитӀ; хуэспщэфӀынщ уи адэм фӀыуэ илъагъу шхыныгъуэр;
Екъуб кӀуэщ, чыцӀхэр къищтэри къыхуихьащ и анэм; абы и анэм ищӀащ абы и адэм фӀыуэ илъагъу шхыныгъуэр.
ИкӀи ӀэщӀилъхьащ и къуэ Екъуб езым игъэхьэзыра шхыныгъуэмрэ щӀакхъуэмрэ.
– Сэ сы-Эсаущ, уи щыпэлъхурщ, – жриӀащ Екъуб и адэм, – сэ сщӀащ уэ зэрыжыпӀауэ; зыкъэӀэт, къэтӀыс, къызэфӀэтӀысхьи, шхы си губгъуэ псэущхьэр, уи нэфӀ къысщыбгъэхуэн папщӀэ.