Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Мусэ 26:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 А щӀыпӀэм щыпсэухэр къыщеупщӀам абы езым и фызым папщӀэ, абы жиӀащ: – Ар си шыпхъущ. Ар шынэрт «Сэ си фызщ» жиӀэну. А щӀыпӀэм щыпсэухэм Ребеккэ щхьэкӀэ самыукӀын папщӀэ, жиӀэри егупсысащ ар, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар и теплъэкӀэ дахащэт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Мусэ 26:7
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ибрэхьим жиӀащ езым и фыз Сарэ щхьэкӀэ: «Ар си шыпхъущ». Арати, Гъэрар и пащтыхь Абимэлэх игъакӀуэри къригъэщащ Сарэ.


АтӀэ жыӀэ уэ узишыпхъуу, си Ӏуэхур уэ уи хьэтыркӀэ фӀы хъун папщӀэ, си псэри уи фӀыгъэкӀэ къелын папщӀэ.


Пщащэр теплъэкӀэ дахэкӀейт, лӀым имыцӀыхуа хъыджэбзт. Ар псы къыщӀэжыпӀэм къыӀухьэщ, и кхъуэщыным псы къригъахъуэри, ежьэжащ.


ФызэрымыгъэпцӀэж, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи щэныжь бзаджэр, абы и Ӏуэхухэри щӀыгъуу, зыхэвныжри,


Мэссихь члисэ зэхуэсыр фӀыуэ илъагъуу, и псэр абы зэрыщӀитам хуэдэу, дэтхэнэ лӀыми и фызыр фӀыуэ ирелъагъу.


Псэр зыукӀын зылъэмыкӀыу, Ӏэпкълъэпкъыр зыгъэкӀуэдхэм фащымышынэ, ауэ псэри Ӏэпкълъэпкъри жыхьэнмэм хэзыгъэкӀуэдэфынум фыщышынэ.


Мы лӀыр аракъэ къызжезыӀар: «Ар си шыпхъущ» жиӀэу? Езы бзылъхугъэми къызжиӀакъэ: «Ар си дэлъхущ» жиӀэри? Сэ ар зэрысщӀар сигу хьэрэмыгъэншэмрэ си Ӏэ къабзэхэмрэкӀэщ.


Ар Мысырым щынэблагъэм, и фыз Сарай жриӀащ мыпхуэду: – Сэ сощӀэ уэ уи теплъэкӀэ бзылъхугъэ дахэу узэрыщытыр;


– Сэ сегупсысащ: щыӀэкъым мы щӀыпӀэм Тхьэм фӀэлӀыкӀ, сэри саукӀынщ си фызым щхьэкӀэ, – жиӀащ Ибрэхьим.


Исхьэкъ щытӀысащ Гъэрар хэкум деж.


Зэман куэдкӀэ ар абдежым щыпсэуауэ, Филишт пащтыхь Абимэлэх щхьэгъубжэм дэплъри къилъэгъуащ Исхьэкъ Ребеккэм, и фызым, зэрыдэджэгур.


Леа набгъэт, ауэ Рахэл ипкъкӀи зэкӀужт, и нэкӀукӀи дахэт.


Ар фирхьэуным и лӀакъуэлӀэшхэм къалъагъури, фирхьэуным хуаӀуэтащ абы и щытхъур; икӀи яшащ Сарай фирхьэун унэм.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ