Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Мусэ 22:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Исхьэкъ и адэ Ибрэхьим мыпхуэдэу жриӀащ: – Си адэ! – Сымис сэ, си къуэ, – жэуап итыжащ абы. – Мис мафӀэри пхъэри, атӀэ дэнэ щыӀэ къурмэныпхъэу дгъэсыну щынэр? – жиӀащ абы.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Мусэ 22:7
12 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам фигъэпщылӀу икӀи фигъэшынэу щыткъым. Ауэ Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу фи гум кърилъхьам Тхьэм и бын хуэдэу фелъытэ. Езым и Псэ ЛъапӀэм, «Аббэ, Адэ лъапӀэ», жытӀэу, Тхьэм дрегъаджэ.


– Уэ уи джатэр дохъутейм илъхьэж, – жриӀащ Хьисэ Петр. – Адэ лъапӀэм къызита гугъуехьым и фалъэм итым сефэн хуейкъэ?


Хьисэ етӀуанэуи ӀукӀри, Тхьэм елъэӀуурэ жиӀащ: – Си Адэ, мы гугъуехь шэчыным и фалъэр сӀыпх мыхъунумэ, уэ узэрыхуейуэ ирехъу.


Хьисэ тӀэкӀу ӀукӀуэтщ, щӀым бгъэгукӀэ зытридзэри, Тхьэм елъэӀуу жиӀащ: – Си Адэ, хъуну щытмэ, мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. АтӀэми сэ сызэрыхуейр мыхъуу, уэ узэрыхуейр ирехъу.


Хуиухуащ Нухь Зиусхьэным къурмэнщӀыпӀэ; сыт хуэдэ псэущхьэ къабзэми щыщи къуалэбзу къабзэ псоми ящыщи къахихри къурмэнщӀыпӀэм къурмэныпхъэу щигъэсащ.


Хьисэ етӀуанэ махуэм къакӀуэу щилъагъум, Иуан жиӀащ: – Мис Тхьэм и къурмэныпхъэ щынэу дунейм и цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятезыхыжыр.


Хьисэ къакӀуэу щилъагъум, Иуан жиӀащ: – Мис Тхьэм и къурмэныпхъэ щынэр.


Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ, зи цӀэхэр Щынэ фӀагъэжам и тхылъым ит цӀыхуу гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа къэмынэу, щӀылъэм тет адрей цӀыху псоми хьэщхьэвылъэр ягъэлъэпӀэнущ.


– Тхьэм къысхухихынущ къурмэныпхъэу Езым хуэдгъэсыну щынэр, си къуэ, – жиӀащ Ибрэхьим. Арати, кӀуэрт адэкӀэ тӀури зэгъусэу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ