4 Ещанэ махуэм Ибрэхьим и напӀэр иӀэтри, аддэ жыжьэу къыщилъэгъуащ а щӀыпӀэр.
Кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжащ, ауэ ещанэ махуэм ар Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ, Тхьэм и псалъэ тхахэм тету.
– ФыкӀуи, – яжриӀащ Хьисэ, – а бажэм жефӀэ: «Сэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм нобэрэ пщэдейрэ яхэсхунущ, сымаджэхэми сеӀэзэнущ, си Ӏуэхур ещанэ махуэм сыухынущ».
абыхэм ар яукӀынущ, ауэ ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ ещанэ махуэм. Хьисэ ар щажриӀэм, абыхэм зэхахар хуабжьу гущӀыхьэ ящыхъуащ.
Ибрэхьим къэтэджащ пщэдджыжьэм жьыуэ, и шыдым уанэ трилъхьащ, здришэжьащ и унэӀутхэм ящыщу тӀурэ и къуэ Исхьэкърэ; икъутащ къурмэн мафӀэ зэрищӀыну пхъэр, икӀи зиӀэтри ежьащ Тхьэм жыхуиӀа щӀыпӀэм.
ЯжриӀащ Ибрэхьим и унэӀутитӀым: – Фыкъанэ мыбдежым, шыдым фригъусэу; си къуэмрэ сэрэ абы дыкӀуэнщи, Тхьэм делъэӀунщ, итӀанэ фи деж къэдгъэзэжынщ.