3 Тхьэр Абимэлэх жэщым, пщӀыхьым хэту, къыхуэлъагъуэри къыжриӀащ абы: – УлӀэнущ уэ къэпщта бзылъхугъэм щхьэкӀэ; сыту жыпӀэмэ абы лӀы иӀэщ.
Тахътэм здисым, Пилат и фызым лӀыкӀуэ къыхуищӀри къыжрыригъэӀащ: – Щыпкъагъэ зигу илъ а цӀыхум мыхъун гуэр иумыщӀэ. Ныжэбэ пщӀыхьэпӀэ Ӏей слъагъури, а лӀым щхьэкӀэ гугъу сехьащ.
АтӀэ иджы етыж фызыр лӀым: сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар бегъымбарщ, Тхьэм пхуелъэӀунурэ, уэри упсэунущ; ауэ иумытыжмэ, зэгъащӀэ Ӏэмал имыӀэу уэри ууей псори фызэрылӀэнур.
губгъуэ нэщӀым здитым шхыным щӀэхъуэпсурэ, Тхьэр къумым щагъэунэхуащ.
Исуф а Ӏуэхум пыхьауэ, Зиусхьэным и мелыӀычыр абы пщӀыхьэпӀэу къыхуэкӀуащ. – Даут и къуэ Исуф, – къыжиӀащ абы, – Мэрием къэпшэну умышынэ; абы къилъхуну сабийр къызыхэкӀыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ.
Абдежым илъэгъуащ пщӀыхьу: пкӀэлъей тетщ щӀылъэм, уафэм щӀэуэу; Тхьэм и мелыӀычхэри къох икӀи докӀуей абыкӀэ.
Абыхэм къыжраӀащ: – Дэ тлъэгъуащ пщӀыхьэпӀэ, ауэ къикӀыр къыджезыӀэн щыӀэкъым. – ПщӀыхьэпӀэхэр зэхэхуныр Тхьэр аракъэ зи Ӏуэхур? – яжриӀащ абыхэм Исуф. – КъысхуэфӀуатэ сэ ахэр.
Илъэгъуащ аргуэру Исуф нэгъуэщӀ пщӀыхьэпӀи, яхуиӀуэтэжащ ари и къуэшхэм: – ФыкъэдэӀуэ, аргуэру пщӀыхьэпӀэ слъэгъуащ, дыгъэми, мазэми, вагъуэ пщыкӀузми щхьэщэ къысхуащӀу.
Илъэгъуащ Исуф пщӀыхьэпӀэ жэщ гуэрым, яхуиӀуэтэжащ ар езым и къуэшхэм: мыдрейхэми ар нэхъри жагъуэу ялъагъу хъуащ.
АрщхьэкӀэ Тхьэр арамей Лабан пщӀыхьым хэту жэщым къыхуэлъагъуэри, къыжриӀащ абы: – Зыхъумэ, жумыӀэ Екъуб Ӏеи фӀыи.
Ауэ Зиусхьэным удын хьэлъэхэмкӀэ хигъэщӀащ фирхьэунри абы и унэри, Ибрам и фыз Сарай щхьэкӀэ.
Фирхьэуным Ибрам къриджэри жриӀащ: – Сыт уэ къызэпщӀар? Щхьэ къызжумыӀарэ ар узэрифызыр?
Хьэпсым ирадзахэм, мысыр фирхьэуным и фадэзехьэмрэ и щӀакхъуэгъажъэмрэ, зэгуэрым ялъэгъуащ пщӀыхьэпӀэхэр, щхьэж езым и пщӀыхьэпӀэ, тӀуми зы жэщым, щхьэж и пщӀыхьэпӀэм къикӀыр щхьэхуэу.
Тхьэр Израил жэщым къыхуэлъагъуэри, къыжриӀащ: – Екъуб! Екъуб! – Сымис сэ, – жиӀащ абы.