7 ИтӀанэ къигъэщӀащ Зиусхьэну Тхьэм цӀыхур, щӀылъэ сабэм къыхищӀыкӀри, икӀи абы епщэри гъащӀэ иритащ, цӀыхум псэ къыӀуигъэкӀащ.
Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Япэрей цӀыхуу Ӏэдэм зи цӀэр псэ зыхэт цӀыху хъуащ». Ауэ иужьрей Ӏэдэмыр арщ гъащӀэ къыдэзыт псэр.
ЦӀыхухэм я ӀэкӀэ езым зыгуэр къыхуащӀын хуейкъым. Аращ псэ зыӀут псори щызыгъэӀэри, жьы къезыгъапщэри, зыхуэныкъуэ псори езыгъэгъуэтри.
Япэрей цӀыхур мы дунейм щыщу щытащ, Тхьэм ар ятӀэм къыхигъэхъукӀащ. ЕтӀуанэрей цӀыхур уафэм щыщщ – Зиусхьэныр арщ.
Уи нэкӀум пщӀэнтӀэпсыр къежэхыу, уи щӀакхъуэ Ӏыхьэр пшхынущ укъызыхэкӀа щӀыгум ухыхьэжыхукӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ усабэщи, сабэм ухыхьэжынущ.
ЩӀыгу гъущэм тету гъащӀэ зиӀэр хэкӀуэдащ.
Былымым папщӀэ удзыр уогъэкӀ Уэ, щхъуантӀагъэри – цӀыхум къащхьэпэну, шхыныр щӀыгум къыхихын папщӀэ,
ЕмыкӀу къызыпыкӀын Ӏуэху си пащхьэ къизгъэхуэнкъым: Тхьэм хуэмыщыпкъэхэм я Ӏуэху схуэлъагъуркъым; зыщыздзеинщ абыхэм я Ӏуэху.
Уэ ухэт, цӀыху, Тхьэм уеныкъуэкъуну? Хьэкъущыкъум ар зыщӀа цӀыхум жриӀэн: «Мыпхуэдэу сыт сыщӀэпщӀар?»
Зиусхьэну Тхьэм кърихуащ ар Ӏэдэн жыг хадэм, езыр къызыхаха щӀыгум илэжьыхьын папщӀэ.
Абы нэмыщӀ, мы дунейм дытету ди адэхэм ӀурыщӀэ дащӀмэ, фӀэлӀыкӀ яхудиӀэщ. Дыпсэун щхьэкӀэ, уафэм тес ди Адэ лъапӀэм абы нэхърэ нэхъыбэу дыхуэӀурыщӀэн хуейщ.
Мы дунейм дыщытеткӀэ тэхъуанэ пэлъытэу диӀэ ди пкъыр кӀуэдмэ, Тхьэм тхуиуха псэупӀэ ӀэрымыщӀ – мыкӀуэдыжын унэ уафэм зэрыщыдиӀэнур дощӀэ.
Ауэ мы мылъкушхуэр дэ, ятӀагъуэм къыхэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэм хуэдэхэм, ди гум илъ зэпытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэр дэрмырауэ, атӀэ Тхьэрауэ зэрэщытыр нахуэ хъун щхьэкӀэщ.
Ар жиӀа нэужь, и гъуэгу ирикӀуэхэм епщэри яжриӀащ: – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фигу илъ ирехъу.
Тхьэм япэ дыдэ къигъэщӀар Ӏэдэм зи цӀэр арщ, итӀанэ Хьэуащ.
ауэ щӀылъэм бахъэр къыщхьэщихырти, абы игъэпсыӀэрт щӀым и нэгур.
ИкӀи Езым и теплъэ иӀэу, Езым ещхьу къигъэщӀащ Тхьэм цӀыхур; цӀыхухъурэ бзылъхугъэу къигъэщӀащ ахэр.