4 Аращ уафэмрэ щӀылъэмрэ я къэхъукӀэ хъуар – Зиусхьэну Тхьэм щӀылъэри уафэри щиухуам щыгъуэ.
Тхьэм цӀыхур къыщигъэщӀам, Тхьэм ещхьыну ар къигъэхъуащ.
ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну щыӀауэ, щыӀэу икӀи игъащӀэкӀэ щыӀэну Тхьэм къыжеӀэ: «Алфэри Омегэри, япэрейри иужьрейри сэращ».
Мис Эсау, Эдоми ар дыдэрщ, къытехъукӀахэр.
Илъэгъуащ Тхьэм Езым къигъэщӀа псори, икӀи ар икъукӀэ фӀыщ. Жэщ хъуащ, нэху щащ: ар еханэ махуэт.
Илъэгъуащ Тхьэм нэхугъэр зэрыфӀыр; къыхигъэкӀащ Тхьэм нэхугъэр кӀыфӀыгъэм.
Мыхэращ къытехъукӀар бгыщхьэ Сеир щыпсэу Эдом цӀыхухэм я адэ Эсау:
Мис Исхьэкъ, Ибрэхьим и къуэм, къытехъукӀа цӀыхухэр. Ибрэхьим къыхуэхъуащ Исхьэкъ.
Мис Ибрэхьим и къуэу Исмэхьил къытехъукӀа цӀыхухэр; Исмэхьил Сарэ и ӀунэӀут бзылъхугъэ Хьэджэр, Мысырым щыщым, Ибрэхьим къыхуилъхуа къуэр.
Шем къытехъукӀахэр: Шем илъэсищэ щыхъум, къыхуэхъуащ Арпахшад, псыдзэм и ужькӀэ илъэситӀ дэкӀауэ.
Мис Нухь и къуэхэу Щэм, Хъам, Ефэт сымэ къатехъукӀахэм я хъыбар. Псыдзэм и ужькӀэ абыхэм къахуэхъуащ сабийхэр.
И нэфӀ ящыхуэщ абыхэми Тхьэм, яжриӀащ: – Фылъхуэ-фыпӀэ, фыбагъуэ, щӀылъэм тез фыхъуи, ар къэвгъэӀурыщӀэ, тепщэ фахуэхъу хым хэс бдзэжьейхэми, уэгум щызелъатэ псоми, щӀылъэм тет псэущхьэ псоми.
Тхьэм япэщӀыкӀэ къигъэщӀащ уафэмрэ щӀылъэмрэ.
Псыхэм я тепщэ мелыӀычым мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «Уэ, Зиусхьэну щыӀауэ икӀи щыӀэр, узахуэщ икӀи улъапӀэщ, апхуэдэ хьэкумхэр зэрыпщӀам щхьэкӀэ,
«Уэ, лъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэн Тхьэуэ, щыӀауэ, иджыри щыӀэм, щӀыхьышхуэр пхудощӀ, сыту жыпӀэмэ уи лъэкӀыныгъэшхуэр къэпщтауэ, тепщэныгъэшхуэр узэриӀэр къэбгъэлъэгъуащ.
Сэ сы-Иуанщ. Фэ, Асие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсиблым, фӀэхъус фызох. ЩыӀауэ, щыӀэу икӀи къэкӀуэну махуэхэм щыӀэну Тхьэм къыбгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес. Тхьэм и тахътэм и пащхьэм ит и псиблми Хьисэ Мэссихьи къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.
ЖиӀащ Тхьэм: – Ирехъу нэху. Нэху хъуащ.
Тхьэм и нэфӀ ебланэ махуэм щыхуэри, махуэ лъапӀэ ар ищӀащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а махуэм Тхьэм гупсэхугъуэ игъуэтащ илэжьа Ӏуэху псоми я ужькӀэ.