3 – Зиусхьэн! – жиӀащ абы. – Уэ нэфӀкӀэ укъызэплъмэ, ублэмыкӀ Уи унэӀутым.
СиӀэщ сэ выхэри, шыдхэри, Ӏэщ цӀыкӀуи, унэӀут цӀыхухъухэри, унэӀут бзылъхугъэхэри; икӀи сэ нэзгъэкӀуащ си зиусхьэным деж си хъыбар уэзгъэщӀэну, нэфӀкӀэ укъызэплъын папщӀэ.
Ибрэхьим и напӀэр дрихьейрэ плъэмэ, лӀищ къитщ и пащхьэм. Къыщилъагъум, ар шэтыр щӀыхьэпӀэм ӀукӀри, абыхэм япежэжьащ, щӀыгум нэсуи щхьэщэ яхуищӀащ.
Къахьынщ псы тӀэкӀуи, фтхьэщӀ фи лъакъуэхэр; зыщывгъэпсэху итӀанэ мы жыг щӀагъым.
– Къеблагъэ, Зиусхьэным и нэфӀ зыщыхуа, – жиӀащ Лабан, – Сыт уэрамым ущӀыдэтыр? Сэ къэзгъэхьэзыращ унэри махъшэхэм папщӀэ увыӀэпӀэри.
Арати, Исуф и тепщэр нэфӀкӀэ къызригъэплъащ, къулыкъу хуищӀэрт абы. ИкӀи ищӀащ тепщэм ар езым и унэм и тет, иӀэ псори абы и ӀэмыщӀэм ирилъхьащ.