Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Мусэ 18:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Ибрэхьим и напӀэр дрихьейрэ плъэмэ, лӀищ къитщ и пащхьэм. Къыщилъагъум, ар шэтыр щӀыхьэпӀэм ӀукӀри, абыхэм япежэжьащ, щӀыгум нэсуи щхьэщэ яхуищӀащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Мусэ 18:2
23 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ХьэщӀэр гъэлъэпӀэныр зыщывмыгъэгъупщэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэу цӀыху гуэрхэм ямыщӀэу мелыӀычхэр ягъэхьэщӀащ.


ЛӀыхэр абдежым къыӀукӀыжри, Содом лъэныкъуэмкӀэ кӀуащ; ауэ Ибрэхьим иджыри итт Зиусхьэным и пащхьэм.


КъэкӀуащ а мелыӀычитӀыр Содом пщыхьэщхьэм, Содом и дыхьэпӀэ куэбжэм деж ЛутӀ щысу. ЛутӀ ахэр къилъэгъури къэтэджащ абыхэм къапежьэну, щхьэщи ищӀащ щӀым нэс.


Ибрэхьим къэтэджри щхьэщэ яхуищӀащ хет цӀыхухэм, а щӀыналъэм и лъэпкъым.


Иуди абы и къуэшхэри Исуф и унэм къыщыкӀуэм – ар иджыри унэм щӀэсти – зыщрадзыхащ щӀым абы и пащхьэм деж.


Абыхэм жаӀащ: – Узыншэщ уи унэӀутыр, ди адэр; иджыри псэущ. Абдежми загъэщхъри, абыхэм щхьэщэ ящӀащ.


Арати, къэкӀуэжащ Исуф унэм; хуахьащ абыхэм Исуф тыгъэу езыхэм яӀыгъхэр, щхьэщи хуащӀащ абы щӀым нэс загъэщхъыу.


Къэнащ Екъуб и закъуэу. ИкӀи къебэнащ абы Зыгуэр, нэхущ пшэплъыр къищӀыху.


Къэтэджыжащ а лӀыхэр абдежым, икӀи ежьащ, икӀи Содом и лъэныкъуэкӀэ аузым дэплъащ; Ибрэхьим ядэкӀуэтащ абыхэм, ахэр иригъэжьэжыну.


Фымытхьэусыхэу зыр зым вгъэхьэщӀэ.


Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэр зыгуэр хуэныкъуэмэ, фадэӀэпыкъу. ХьэщӀэр зэрывгъэлъэпӀэным фыхущӀэкъу.


ЩӀыгум зытридзащ Ибрам нэкӀукӀэ. Тхьэм, абы адэкӀи къепсалъэурэ, жиӀащ:


– Зиусхьэн! – жиӀащ абы. – Уэ нэфӀкӀэ укъызэплъмэ, ублэмыкӀ Уи унэӀутым.


Пщыхьэщхьэ хъуауэ, Исхьэкъ губгъуэм ихьащ гупсысэну; и напӀэхэр иӀэту къыщыдэплъейм, къилъэгъуащ: къокӀуэ махъшэхэр.


Ибрэхьим щхьэщэ хуищӀащ а щӀыналъэм и цӀыхухэм.


АтӀэ Исуф щыӀэтащхьэтэкъэ а щӀыналъэм; ярищэрт абы щӀыналъэм и цӀыху псоми гъавэ. Исуф и къуэшхэр къакӀуэри, щхьэщэ къыхуащӀащ абы, щӀым нэсу.


Исуф и адэ и лъэгуажьэхэм къатрихыжри, щхьэщэ хуищӀащ, щӀым нэсу зигъэщхъри.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ