Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Мусэ 17:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 – Сэрэ уэрэ ди зэхуакум зэгурыӀуэныгъэу дэлъынур мыращ: уэ адэ уахуэхъунущ лъэпкъ куэдым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Мусэ 17:4
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

АдэкӀи къыжриӀащ Тхьэм абы: – Псори зыхузэфӀэкӀ Тхьэр Сэращ; багъуэ икӀи хэхъуэ; лъэпкъ икӀи лъэпкъ куэд дыдэ къыптехъукӀынущ уэ, пащтыхьхэри къыптехъукӀынущ.


ИтӀанэ Сэ къыптезгъэхъукӀынущ лъэпкъ ин дыдэ, си нэфӀ пщыхуэнущ, уи цӀэри згъэлъэгэнущ; Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр зыбгъэдэкӀынури уэращ!


Ауэ абы и адэм ар имыдэу жиӀащ: – СощӀэ, си къуэ, сощӀэ. Абы къытехъукӀынущ лъэпкъ, ар хъунущ лъэпкъ ин дыдэ; ауэ абы и къуэш нэхъыщӀэр хъунущ абы нэхърэ нэхъ ин, абы лъэпкъыу къытехъукӀынури лъэпкъ бжыгъэншэщ.


Уэракъэ къызжезыӀар: «Сэ фӀыгъуэ пхуэсщӀэнущ, сщӀынущ уэ къыптехъукӀыну бынхэр куэд, пхуэмыбжу хы пшахъуэм хуэдиз».


Си нэфӀ ныпщыхуэнущ, уэ къыптехъукӀыну бынхэри згъэбэгъуэнущ, уафэм ит вагъуэхэмрэ хы Ӏуфэм Ӏулъ пшахъуэмрэ я бжыгъэм хуэдизу; икӀи къаӀэщӀыхьэнущ уэ къыптехъукӀыну бынхэм я бийхэм я къалэхэр.


– Згъэбэгъуэнущ уэ къыптехъукӀынухэм я бжыгъэр, ахэр зэрыкуэд дыдэм къыхэкӀыу пхуэмыбжыну.


Згъэбэгъуэнущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр пшахъуэм хуэдэу; зыгуэрым пшахъуэр ибжын хузэфӀэкӀмэ, уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэри бжа хъунущ.


Зиусхьэным къыжриӀащ абы: – ЛъэпкъитӀ илъщ уи кӀуэцӀым, лъэпкъышхуэ зэныкъуэкъуу тӀу къикӀынущ уи ныбэм, зы лъэпкъыр хъунущ адрейм нэхърэ нэхъ лъэщ, нэхъыжьыр хуэлэжьэнущ нэхъыщӀэм.


Псори зыхузэфӀэкӀ Тхьэм и нэфӀ къыпщрехуэ. Урегъэбагъуэ икӀи ухрегъахъуэ, къыптрехъукӀ уэ цӀыху лъэпкъ куэдыр;


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ