9 – Схуэгъэн Сэ илъэсищ зы ныбжь жэмыщӀэ, илъэсищ зи ныбжь бжэн, илъэсищ зи ныбжь тӀы, тхьэрыкъуэ анэ, тхьэрыкъуэ шыр, – къыжриӀащ Зиусхьэным абы.
Адрейуэ ахэр Ерусалим щӀэкӀуар Зиусхьэным игъэува хабзэм зэрыжиӀэм тету, езыхэм загъэкъэбзэжын щхьэкӀэ, «губгъуэ тхьэрыкъуэ цӀыкӀуитӀ е тхьэрыкъуэ шыр цӀыкӀуитӀ» къурмэныпхъэу яхьын хуейти, арщ.
Сыту жыпӀэмэ бзаджагъэу злэжьар зыдызощӀэж, гуэныхьу злэжьахэр си пащхьэ илъщ.
Абдеж Ибрэхьим и напӀэр иӀэтри, илъэгъуащ: мес, и щӀыбагъымкӀэ тӀыр бжьакъуэхэмкӀэ хэнауэ чыцэм хэтщ. Ибрэхьим кӀуэщ, мэлыр къищтэри, къурмэныпхъэу игъэсащ езым и къуэм и пӀэкӀэ.
– Ди тепщэ Зиусхьэн! – жиӀащ Ибрам, – сыткӀэ къэсщӀэну а щӀыналъэр сысей зэрыхъунур?
Абы а псори хуигъэнащ, ахэр тӀууэ зэгуиупщӀыкӀри игъэтӀылъащ, зы Ӏыхьэр адрейм пэщылъу; ауэ къуалэбзухэр иупщӀэтакъым.