Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Мусэ 15:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Ибрам жиӀащ: – Тепщэу Зиусхьэн! Уэ къызэптынум сыт есщӀэнур, сэ быныншэу сыкъанэмэ; си унагъуэр зезыхьэ, Дамаск къалэм щыщ мы ЕлиӀэзэрщ си мылъкур къызыхуэнэнур.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Мусэ 15:2
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм Ибрэхьим мылъку зыри къыщритакъым мыбы, щӀым щыщи лъакъуапӀэ хуэдиз къритакъым. Ауэ Ибрэхьим а зэманым бын имыӀа пэтми, мы къэралыр езымрэ езым къытехъукӀыну цӀыхухэмрэ къэрал яхуэхъуну Тхьэм къигъэгугъащ.


Зиусхьэным елъэӀурт Исхьэкъ езым и фызым папщӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар лъхуэртэкъым; Зиусхьэным зэхихащ ар, арати, хъуащ лъэщыджэ Ребеккэ, абы и фызыр.


Уи фыз, бжьалэу зыпызым хуэдэу, уи унэ исынщ; зейтун къудамэ хуэдэ, уи къуэхэр уи Ӏэнэм пэрысынщ.


Исуф унафэ хуищӀащ езым и унэм и унафэщӀым, мыр жиӀэри: – ГъэнщӀ абыхэм я къэпхэр яхуэхьыфынум хуэдиз гъавэкӀэ, щхьэж и дыжьынри илъхьэж къэпхэм, гъавэм и щӀыӀукӀэ.


Ахэр Исуф и унэм и унафэщӀым бгъэдыхьэри, щӀадзащ абы бжэм деж щепсалъэу.


ИтӀанэ унэӀутым езым и зиусхьэным и махъшэхэм ящыщу махъшипщӀ къыхихури, ежьащ. Апхуэдэуи абы здришэжьащ и зиусхьэным и хъугъуэфӀыгъуэ зэмылӀэужьыгъуэхэр. Ар ежьэри кӀуащ Месопотамием, Нахъор зи цӀэ къалэм.


ЩыӀэкъым мы унэм сэ нэхърэ нэхъ ин; абы зыри къыспиубыдыркъым, уэ зыр мыхъумэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэ абы урифызщ; атӀэ сэ дауэ злэжьын а Ӏеягъэ ин дыдэр, дауэ гуэныхьи къыщысхьын Тхьэм и пащхьэ?


ЖриӀащ Ибрэхьим езым и унэӀутым, абы и унэм деж щынэхъыжьым, абы и мылъкур зезыгъакӀуэм: – Уи Ӏэр си куэ щӀагъым къыщӀэлъхьи,


Загуэшри, езыри и унэӀутхэри ятеуащ абыхэм жэщым, икӀи ахэр хигъащӀэри ихуащ Дамаск и сэмэгурабгъумкӀэ щыӀэ Хъобэ нэс.


А къэхъукъащӀэхэм я ужькӀэ Зиусхьэныр Ибрам къыхуэлъагъуэри и псалъэ къылъигъэсащ: – Умышынэ, Ибрам; Сэ уэ СыуимэӀухущ; уи ӀыхьэфӀыр ин хъунущ.


ЖиӀащ адэкӀэ Ибрам: – Уэ бын къызэптакъыми, унагъуэ Ӏуэхур зезыхьэрщ си лӀэужьыр.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ