4 Арати, ежьащ Ибрам, Зиусхьэным абы къызэрыжриӀам тету; абы щӀыгъуу ежьащ ЛутӀ. Ибрам илъэс блыщӀрэ тхурэ и ныбжьт Харан къыщикӀам щыгъуэ.
Ибрэхьим и ӀыхьэфӀ хъуну къэралым кӀуэну Тхьэм къыщыхуриджам, Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм едаӀуэри, здэкӀуэнур имыщӀэу щыта пэтми, итӀани гъуэгу техьащ.
Тэрахъ и къуэ Ибрам, Харан и къуэ ЛутӀу и къуэрылъхур, и нысэ Сараеу езым и къуэ Ибрам и фызыр зыщӀигъури, ахэр и гъусэу, къыдэкӀащ Халдей къэралыгъуэм щыщ Ур къалэм, Ханаан щӀыналъэм кӀуэну, ауэ, Харан нэсауэ, ахэр къыщыувыӀащ абдежым.
Мис Тэрахъ къытехъукӀахэр: Тэрахъ къыхуэхъуащ Ибрам, Нахъор, Харан сымэ. Харан къыхуэлъхуащ Лут.
Арати, Ибрэхьим Халдей хэкум икӀщ, Харан къалэм кӀуэри дэтӀысхьащ. И адэр лӀа нэужь, фэ фызэрыс мы къэралым Тхьэм къигъэкӀуащ.
Ибрэхьим шыӀэныгъэ хэлъти, Тхьэм къызэригъэгугъар иӀэ хъуащ.
Ханаан щӀыналъэм Ибрам илъэсипщӀкӀэ щыпсэуа нэужь, Ибрам и фыз Сарай и унэӀут бзылъхугъэр, Мысырым щыщ Хьэджэр, иритащ фызу езым илӀ Ибрам.
Ибрам и ныбжьыр илъэс ищӀрэ хырэ хъурт Хьэджэр къуэ къыщыхуилъхуам щыгъуэ.
Ибрэхьим къигъэщӀащ илъэсищэрэ блыщӀрэ тхурэ.
Екъуб Бэр-Шэвэ икӀри кӀуащ Харан.
Ибрам и гъусэу кӀуэ ЛутӀ иӀэт Ӏэщ цӀыкӀуи, Ӏэщышхуи, шэтырхэри.