Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Мусэ 12:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Сэ си нэфӀ ящыхуэнущ уэ зи нэфӀ къыпщыхуэхэм, си ней ящыхуэнущ уэ зи ней къыпщыхуэхэм; уэ уи хьэтыркӀэ си нэфӀ ящыхуэнущ дунейм тет цӀыху лъэпкъ псоми!

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Мусэ 12:3
27 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ хамэ лъэпкъхэм ящыщхэми езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абыхэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнур. Апхуэдэу щыхъукӀэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ,* Тхьэм Ибрэхьим хъыбарыфӀыр къызэрыжриӀар, «Лъэпкъ псоми си нэфӀ ящыхуэнущ уэ уи хьэтыркӀэ», жиӀэурэ.


Уэ къыптехъукӀыну бынхэм я хьэтыркӀэ дунейм и лъэпкъ псоми си нэфӀ ящыхуэнущ, си псалъэм укъызэредэӀуам папщӀэ.


Къыпхурелажьэ цӀыху лъэпкъхэр, зыкъыпхурагъэщхъ цӀыху лъэпкъ цӀыкӀухэм; яхуэхъу зиусхьэн уи Ӏыхьлыхэм, зыкъыпхурагъэщхъ уи анэм и къуэхэми; уэ нэлат къозыххэм нэлат ялърес; уэ зи нэфӀ къыпщызыгъахуэхэм Тхьэм и нэфӀ къащрехуэ.


Згъэбэгъуэнущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр уафэм ис вагъуэхэм я бжыгъэм хуэдизу, естынущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэм мы щӀыналъэ псори; уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэм я хьэтыркӀэ дунейм и лъэпкъ псоми си нэфӀ ящыхуэнущ.


ИкӀи хъунущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр щӀылъэ пшахъуэм и бжыгъэм хуэдизу куэд; щыпсэунущ ахэр къухьэпӀэмкӀи къуэкӀыпӀэмкӀи, ищхъэрэкӀи ипщэкӀи; уэрэ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэмрэ фи хьэтыркӀэ си нэфӀ ящызгъэхуэнущ дунейм и лъэпкъ псоми.


Апхуэдэу, Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀыну бынымрэ ӀыхьэфӀхэмкӀэ игъэгугъащ. «Уэ къыптехъукӀыну быныр» щыжиӀэкӀэ, зы цӀыху закъуэ къригъэкӀыу Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ. Ар жыхуиӀэр Мэссихьщ. «Уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр», жиӀэу куэд къикӀыу хэткъым.


Ибрэхьим пэж дыдэу къытехъукӀынущ лъэпкъ ин дыдэ икӀи лъэщ, абы и хьэтыркӀи си нэфӀ ящыхуэнущ щӀылъэм тет цӀыху лъэпкъ псоми.


Ибрэхьим сунэт ящӀыным и пэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар къэзыгъэлъагъуэ мыхъуру икӀи дамыгъэу сунэт щӀыныр абы къыхуигъэнащ. А Ӏуэхур апхуэдэу щыщыткӀэ, Ибрэхьим сунэт ямыщӀа цӀыхуу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм адэ хуэдэу яхуохъу, Тхьэм абыхэми щыпкъагъэ яӀэу илъытэн щхьэкӀэ.


Журтрэ алыджу, пщылӀрэ щхьэхуиту, цӀыхухъурэ цӀыхубзу цӀыхур зэхэгъэж щӀын хуейкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыхэлъым папщӀэ псори зы фыхъуащ.


Ауэ Тхьэм и унэшхуэм сыщыщӀыхьэм, къызгурыӀуащ кӀэухыу яӀэнур.


Абы и ужькӀэ сыщыплъэм, лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, къэрал псоми, бзэ псоми ящыщу пхуэмыбжыну цӀыху куэдыкӀей слъэгъуащ. Джанэ кӀыхь хужьхэр ящыгъыу, хъурмэ жыгым и къудамэхэр яӀыгъыу, тахътэмрэ Щынэмрэ я пащхьэм итт ахэр.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэрщ щӀыхьышхуэр зейр. Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, уафэм къикӀыу, гурэ псэкӀэ Тхьэм и нэфӀ лъэныкъуэ псомкӀэ къытщыхуащ.


– Пащтыхьым абыхэм жэуап яритынущ: «Пэжыр нывжызоӀэ, си къуэш* я нэхъ цӀыкӀу дыдэхэм ящыщ гуэрым хуэфщӀар сэ къысхуэфщӀауэ мэхъу».


Лабан къыжриӀащ абы: – НэфӀкӀэ укъызэплъмэ, мыр жысӀэну хуит сыщӀ. Сэ джэш дзынымкӀэ зэзгъэщӀащ уи хьэтыркӀэ Зиусхьэным и нэфӀ къызэрысщыхуам.


Аращи, яку зэхэгъэж дэмылъу, алыджри, журтри, сунэт ящӀари, сунэт ямыщӀари, хамэри, Скиф хэкум щыщри, пщылӀри, щхьэхуитри зэхуэдэщ. Мэссихь псоми я щхьэщ, ар фэ псоми фи псэм щыщщ.


Абы ар езым и унэми, иӀэ псоми я тет щищӀа зэманым къыщыщӀэдзауэ Зиусхьэным и нэфӀ щигъэхуащ мысыр цӀыхум и унэм, Исуф и хьэтыркӀэ; Зиусхьэным и нэфӀ тетт иджы абы и унэми губгъуэми щиӀэ псоми.


– Си япэкӀэ мащӀэ фӀэкӀа уимыӀамэ, иджы хъуащ куэд; сэ дэнэ сыкӀуами, Зиусхьэным и нэфӀ къыпщигъэхуащ; ауэ сыт щыгъуэ сэ сыщыхуэлэжьэнур си унагъуэм?


Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зыщӀар Тхьэращ. Мэссихь Хьисэ дэркӀэ Тхьэм деж къикӀа акъылыфӀагъэ хъуащ. Аращ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дезыгъэлъытэри, дигухэр зыгъэкъэбзэжри, ди щхьэхэр къэзыщэхужари.


– Пащтыхьым абыхэм жэуап яритынущ: «Пэжыр ныв-жызоӀэ, мы цӀыкӀу дыдэхэм ящыщ гуэрым хуэвмыщӀар сэ къысхуэвмыщӀауэ мэхъу».


Муси адрей бегъымбар псоми я деж къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм езым теухуауэ хэтхэр ягуригъэӀуащ Хьисэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Сэ къыхэсхащ Ибрэхьим, езым и къуэхэми, езым и ужькӀэ къэнэну и унагъуэми, щыпкъагъэрэ захуагъэрэ ялэжьу сэ Зиусхьэным си гъуэгум ирикӀуэну унафэ яхуищӀын папщӀэ. Сэ, Зиусхьэным, Ибрэхьим зэрызгъэгугъа псори згъэпэжынущ.


– Зиусхьэным икъукӀэ и нэфӀ къыщыхуащ си тепщэм, икӀи ар хъуащ щэджащэ. Езым къритащ абы мэлхэри выхэри, дыжьыни дыщи, унэӀут цӀыхухъухэри унэӀут бзылъхугъэхэри, махъшэхэри шыдхэри.


Ибрэхьим лӀа нэужь, Тхьэм и нэфӀ къыщыхуащ абы и къуэ Исхьэкъ. Исхьэкъ щыпсэурт Бэр-Лахъай-Рой деж.


Уэ бзаджагъэ къыдумыщӀэну, дэри уэ дызэрыномыӀэбам, дифӀ фӀэкӀа зэрумылъэгъуам, мамырыгъэкӀи узэрыдутӀыпщыжам хуэдэу; Зиусхьэным и нэфӀ къыпщыхуащ уэ иджы.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ