Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




1 Мусэ 11:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 АтӀэ дехынщи, щызэхэдгъэзэрыхьынщ абдежым абыхэм я бзэр, зым жиӀэр адрейм къыгурымыӀуэжу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




1 Мусэ 11:7
20 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀ фигу ивгъэлъ фэ, Абы и цӀыху лъапӀэхэм, сыту жыпӀэмэ Абы щышынэхэр зыми хуэныкъуэкъым.


Си гукъеуэ псори плъытащ, си нэпсхэр зыхуэдизыр зэгъащӀэ – уи тхылъым итхакъэ ахэр?


ЖиӀащ Тхьэм: – КъэдгъэщӀынщ цӀыхур Ди теплъэу, Дэ тхуэдэу; яхурехъу ахэр тепщэ хым хэс бдзэжьейхэми, уэгум щызелъатэ псоми, Ӏэщми, щӀылъэ псоми, щӀылъэм къыщызыпщыхь хьэпщхупщ лъэпкъыгъуэ псоми.


Члисэ зэхуэсым щыщ псори фызэӀущӀауэ, фымыщӀэ бзэхэмкӀэ псори фыпсалъэу, а Ӏуэхухэр зэхэзымыщӀыкӀ е фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ цӀыху гуэрхэр а зэхуэсым къыхыхьэмэ, «Фэ фыделэщ», жаӀэнкъэ?


Ящодыхьэшх уафэм щыпсэур, ящӀонакӀэ абыхэм Зиусхьэныр.


Ауэ ящӀэртэкъым абыхэм жаӀэр Исуф къызэрыгурыӀуэр; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм я кум тэрмэш дэтт.


Къехащ итӀанэ Зиусхьэныр, цӀыхум и къуэхэм яухуэ къалэмрэ чэщанэмрэ еплъыну.


Ахэр Хъам къытекӀахэрщ, я унагъуэхэмкӀэ, я бзэхэмкӀэ, я щӀыналъэхэмкӀэ, я лъэпкъхэмкӀэ.


ЖиӀащ Зиусхьэну Тхьэм итӀанэ: – Аращи, цӀыхур хъуащ Дэ тщыщ зым хуэдэ, фӀымрэ емрэ зэхищӀыкӀыу; иджы абы и Ӏэр ишийуэ, гъащӀэ къэзыт жыгым и пхъэщъхьэмыщхьэ къыпичу имышхащэрэт, мыкӀуэдыжын гъащӀи иӀэ мыхъуащэрэт.


Ахэращ Нухь и къуэхэм я унагъуэхэр, езыхэр къызытекӀакӀэ, я лъэпкъкӀэ. Псыдзэм и ужькӀэ абыхэм къатехъукӀри лъэпкъхэм зыщаубгъуащ щӀылъэм.


Ахэр хытӀыгу, хы Ӏуфэ хэгъэгухэм итӀысхьащ, хэти езым и бзэ иӀэжу, и лӀакъуи иӀэжу, и цӀыху лъэпкъи иӀэжу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ